Шэху уэздыгъэу 101-рэ

Кавказ зауэжьыр (1763 - 1864) зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум иращIэкIа дауэдапщэхэм ящыщ зыуэ щытащ Налшык къалэ и ипщэ лъэны­къуэмкIэ щыIэ Хуитыныгъэм и хадэм ит  Псэ жыг фэеплъым деж накъыгъэм и 20-м щызэхашар. 

ЛIэщIыгъуэм щIи­гъу­кIэ екIуэкIа зауэм хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэр ягу къыщагъэкIыж пшы­хьым ­кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, республикэм граждан жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэ­лэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, пэкIур зэхэшэным зи гуащIэ хэзылъхьахэр, нэгъуэщIхэри.
Пшыхьым хуэфащэ макъамэрэ уэрэдхэмрэ щагъэзэщIащ ди республикэм илъэс куэд хъуауэ щыцIэрыIуэ «Шэджэм псы­къелъэхэр» гупым, Бахъ­сэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэт «Кавказ» ансамблым, «Хьэ­гъэудж», «Бзабзэ», «Бзэ­рабзэ» джэгуакIуэ гуп­хэм хэтхэм, нэгъуэщIхэми. 
Удэзыхьэхт шыкIэпшы­науэ Iэзэ, и адэшхуэ ­Хьэ­хъу­пащIэ Амырхъан и цIи, и унэцIи зезыхьэ артист щIалэм и утыку иты­кIэ­ри. Абы иIыгъ Iэ­мэп­сымэм езыр дежьуужурэ къригъэ­кIа макъамэхэми къызэ­хуэсахэр ятхьэкъуат. 
Зэрыщыту къэтщтэнщи, пшыхьыр зэкIэлъыгъэ­кIуауэ, дахэу екIуэкIащ. Ща­­гъэзащIэ уэрэдхэм, макъамэхэм уатезэшэн дэнэ къэна, гущыщIэ-гурыщIэу щызыхащIахэм къызэхуэсахэр зылI и быну зэрызэкъуигъэувар я нэхэм ­къафIыщIэлъадэу яхуэ­мыгъэпщкIужа нэпсхэм къыуагъащIэу апхуэдэт. 
Макъамэ зэпэ­джэж­хэмрэ уэрэдыжьхэмрэ ап­хуэдизу щIэщыгъуэу къыт­щы­зыгъэхъуар сыт жы­пIэ­мэ, ахэр гум къикIыу зэ-       рагъэзэщIамрэ нобэрей зэ­­маным декIуу абыхэм щIагъэува я «къэIу­кIэ­щIэмрэт». 
Утыкум щыжаIа уэрэ­дыжь­хэм къахэщырт икIи къызэхуэсахэм, шэч хэ­мылъу, ягу ирихьащ ­къыхадза едзыгъуэхэм ­пкъ­ра­лъ­­­­­хьа гупсысэр            макъ лъэщ­кIэ цIыхухэм я гум нэзыхьэсыфа, «Бахъсэн» гупым хэт БатIитIэ Му­хьэмэдрэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и уэрэджыIакIуэ пажэ Молай Алихъанрэ я гъэзэ­щIэ­кIэр. Ауэ, итIани, сэ къызэрыслъытэмкIэ, псо­ри дызэзышэлIэж гуп­сы­сэр къызэхуэсахэм нэхъ ­захезыгъэщIар «Бзэрабзэ» гупыр и гъусэу макъ лъэщкIэ уэрэдыщIэхэр жызыIа, иужь зэманым ди республикэм цIэрыIуэ щыхъуа ДыщэкI Артурщ. 
Псэ жыг фэеплъым и дэкIуеипIэхэм «Илъэси 101-рэ» псалъэхэр къикIыу, зауэр зэрекIуэкIа илъэс бжыгъэхэр къагъэлъа­гъуэу, трагъэува шэху уэздыгъэхэр зэхуэсым и етIуа­нэ Iыхьэм пагъэнащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм яубла а Iуэху телъыджэм, гукъинэ­жым пшыхьым къ­ы­щы­зэхуэсахэм ящыщу, зэрыжаIэу, цIыкIуи ини, хулъ- х­угъи бзылъхугъи, ­къу­лыкъущIи, цIыху къы­­зэры­гуэкIи хэтащ. 
«Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм и унафэщI Ащхъуэт Анзор щыгъуазэ дызэ­рищIамкIэ,   а пщы­хьэщ­хьэм Псэ жыг фэеплъым и щIыбагъым деж щызэ­фIащIа лэгъупыIэмпIэхэмкIэ ягъэуа жьэрымэмрэ ерыскъы гурыхьхэмкIэ хагъэщхьэжащ а махуэм нэщI зыIыгъахэр, сабийуэ кърихьэлIахэри ягъэш-хащ. 
Пшапэ зэхэуэгъуэм цIыхухэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъууэ, ихъуреягъкIэ зэщIагъэлыда мафIэ цIу цIыкIухэм ди нэхэр теп­лъызэрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсми, Тхьэм жиIэмэ, мыбдежым мыпхуэдэ Iуэху зэрыщекIуэкIынум дегупсысурэ, Псэ жыг фэеп­лъым дыкъыIукIыжащ.
 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.