Кавказ лъэпкъхэм XVIII-XX лIэщIыгъуэхэм зэрахьа щыгъыныр

Кавказ тхыдэр зыджхэм фIыуэ яцIыху Урысейм и къэрал этнографие музейм илъэс щэ ныкъуэкIэ щы­лэжьа, «Кавказ лъэпкъ­хэм XVIII-XX лIэщIыгъуэ­хэм зэ­рахьа щыгъыныр» тхылъ цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Студенецкая Евгение. Адрей лъэпкъхэм я тхыдэми къыдэкIуэу, ди хэкум пасэ зэманым щызекIуэу щыта зыхуэпэкIэр зэфIэзыгъэувэжа бзылъ­хугъэм хуэдэу гунэсу адыгэ фащэм тетхыхьа щIэныгъэлI нобэр къыздэсым щы­Iэкъым. «Тыншу икIи екIуу да, адыгэхэм я псэу­кIэм хуэ­щIа фащэр Шэрджэсейм   и гъунапкъэм жыжьэу щхьэ­дэхат, - итхырт Студенецкэм 1928 гъэм. - Ахэр зы­ужьы­ны­гъэкIэ адрей лъэпкъхэм ефIэкI къудейтэкъым, я унэ исыкIэкIи, зыхуэпэ­кIэкIи, я зэхуаку щызекIуэ хабзэхэмкIи пэ­рытхэт. Адыгэхэм я фащэ дыкIэр Кавказ Ищхъэрэм   и мызакъуэу Кавказ щIыбми нэсат. Къэзакъхэр я Iэщэри, я фащэри, я шы тесыкIэри къыщагъуэта Шэрджэсейм я нэ трамыгъэкIыу кIэлъоплъ, ады­гэхэм щIэуэ кърагъажьэ псори япхъуа­тэу зыхалъ­хьэн хьэзыру». 
 
Къэбэрдейхэм
деж къыщожьэ

ДЫЗЭРЫЩЫГЪУАЗЭЩИ, пщы-уэркъ хабзэр нэхъ щызекIуэу щытар къэбэрдейхэм я дежщ. Ар и щхьэ­усыгъуэщ къэбэрдейхэм ­кърагъажьэ зыхуэпэкIэр хабзэ хъууэ щIыщытам, псом хуэмыдэу езыхэм я унафэм щIэт гъунэгъу лъэпкъхэм я пашэхэм я деж. Фащэр зы­щыгъ нэрыбгэр зыхыхьэ лIакъуэм елъытауэ, Къэбэрдейм щыгъыныр къызы­хэ­щIыкIа щэкIым и фэм и IуэхукIэ зэхэгъэжышхуэ ущ­рохьэлIэ. Адыгэхэр, псом хуэмыдэу къэбэрдейхэр, къэ­зыгъэлъагъуэ су­рэтыжь­хэм я лъабжьэм сыт щыгъуи «пщы», «уэркъ», «къызэ­ры­кIуэ адыгэ» жиIэу щIэтхащ. 
1830 гъэхэм Милютин Дмитрий гу зылъитахэм топсэлъыхь: «Къэбэрдейхэр ­адрей лъэпкъхэм нэхърэ ­нэхъ бейщи, езыхэри нэхъ зэщыхуэпыкIащ: пщIэрэ щхьэ­рэ зиIэ цIыхухэм я нэхъыбэм къэдабэ плъыжьым къыхэщIыкIа, маитэкIэ гъэ­щIэрэщIа къэпталхэр ­ящыгъщ. Щыгъын телъы­джэщ икIи екIущ а къэпталыр, ауэ ар щауэфIхэм я ­фащэкъым. Щауэр нэхъ къы­зэрыкIуэу хуэпащ: нэр ­егъэгуфIэ абы­ Iэщэмрэ щы­гъы­ным­рэ зыр адрейм зэ­рекIупсым;  и цейр ипкъ къуда­ным зэриувэм; ды­жьын­­кIэ гъэ­щIэрэщIа и бгы­рыпхыр и бгым хуэфIу зэры­щIэкъузам; и лъахъстэн вакъэ плъыжьхэм абы и лъэтхьэмпэ зэщIэкъуар зэ­риу-
­вэм; и лъейр лъэнкIапIэм зэрытешэщIам; и пыIэ бэлацэм и щхьэр фIигъэ­щIэ­рэщIыкIрэ сэш­хуэм­рэ фо­кIэ­щIымрэ здыфIэ­лъып­хъэм деж зэры­фIэлъым - зыри зыми жьэхэуэркъым, езым зы­щигъэхъейкIи зэ-ран хъуркъым». Милютиныр къэбэрдей модэмрэ абы и нэры­мылъагъу зэхэдзы­кIэм­рэ тепсэлъыхьурэ, дыщIегъу: «Зи гугъу тщIыр зытеу­хуар лъэпкъыфIхэм къахэкIа цIыху къулейхэращ. Зыхуэ­пэкIэ екIукIэ цIэрыIуэ къэ­бэрдей щIалэхэм къра­гъа­жьэр гъунэгъу лъэпкъ-хэм нэхъ зыкъизыхыу яхэтхэм япхъуатэ. ГурыIуэгъуэщ щIы­пIэ пхыдзахэм щыпсэу бгырысхэм ар зэрахузэфIэ­мыкIыр». 
Милютиным и хъыбарым къыхэщ къэдабэ къэптал хэдыкIахэм я гугъу адрей тхакIуэхэм ящIыркъым. Къэ­бэрдей бзылъхугъэхэр ды­щэидэкIэ цIэрыIуэхэт, абы къыхэкIыу а къэпталхэр ­ща­щIауэ узэгупсысыпхъэри Къэ­бэрдейрщ. 

Адыгэ цейр

АДЫГЭ цейр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я деж нэхъ щызекIуэ хъулъ­хугъэ щIыIутелъ щыгъынщ. Нэхъыбэм ар къызыхащIыкIыр езыхэм зэIуаща бозт. Ауэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэм - XX и пэм пщIантIэм зэрыдэкI цейхэр фабрикэм къыщIигъэкIа боз къэщэ­хуам къыхащIыкIын щIа­дзащ. Езыхэм зэIуащэж бозыр цым и фэхэм ещхьт: гъуабжэ, фIыцIэ, морэ, хужь, зэзэмызэ - гъуафэ е плъыжь-морафэ. Цей хужь ущрихьэлIэр зэзэмызэххэт, ар пщы-уэркъхэм яхухэха фэт. Къэбэрдейм цей хужьи щIакIуэ хужьи пщы-уэркъ­хэм ящымыщхэм щыщатIэгъэну хуиттэкъым. Боз къэ­щэхуа къагъэщхьэпэн зэ­рыщIадзам фэ зекIуэхэр ихъуэжа нэужь, цей щIыху­хэр, плъыжь-морафэхэр, плъыжь-фIыцIафэхэр къе­жьащ. 
Цейм и бзыпхъэр къэпталым (иужькIэ «кавказ джа­нэ» зыфIащыжам) ейм хуэдабзэщ, ауэ абы пщампIэ ­теткъым, и гупэр зэгуэхщ. И бгым хуэзэу щIыIу зыбжанэ итщ, и щIыIунэхэр щагъэм къыхэщIыкIауэ. И Iэщхьэхэр быхъущ икIи захуэщ, гупым зэрыхыхьэ цейхэм я Iэгъуа­пэхэр Iэ тхьэмпэм фIэкIыу кIыхьщи, къыдрагъэджэрэзей. 
Щызэрахьэ зэманым, ар зыщыгъ нэрыбгэр здэкIуэм, езыр зищIысым елъытауэ, цейм и кIыхьагъым зыбжа­нэрэ зихъуэжащ. XIX лIэ­щIыгъуэм и кIэм - XX и пэм зекIуа цейм и кIыхьагъыр мащIэу лъэгуажьэм фIэ­кIырт. XX лIэщIыгъуэм и   кIэм цей кIыхьхэр, щIым ­хилъафэу пIэрэ жыпIэу, ­къежьащ, ар шухэрат нэхъ зыхуэщIар. Ауэ апхуэдэ цей щызытIагъэр цIыху хэIэты­кIахэм я закъуэти, куэдрэ зекIуакъым. 
Цейр Iэпкълъэпкъым хуэ­фIу йоувэ, и бгым деж ­щегъэжьауэ нэхъ быхъу ­хъууэрэ йох, а псоми бзыпхъэ щхьэ­хуэ иIэщ. ЦеикIэр сантиметрипщI-пщыкIутIкIэ зэгуамыдэу къагъанэ. 
Цейр шым уритесыну тыншщ, къыщыпкIухькIэ Iэпкълъэпкъым щызэпе­къуркъым, псым узэпры­кIынкIи, бгым удэпщеинкIи, нэгъуэщI куэдымкIи тыншщ. ЦеикIэр зэран хъумэ, къа­Iэтри бгым даупщIэ. Гу нэхъ зылъыптэу цейм хэт Iыхьэр бгъэгуитIым ирикIуэ хьэзы­рылъэхэрщ. Ахэр къызэ­ры­унэхурэ куэд щIакъым. Фэм къыхэщIыкIауэ щыта хьэзы­рылъэхэр XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм кIуэды­жы­пэри хьэзы­рылъэхэр езы цейр къызыхэщIыкIа щэ­кIым къыхащIыкIын щIа­дзащ. 
ЛъэныкъуитIымкIэ ири-кIуэ бгъэгущталъэ цIыкIу-хэм я бжыгъэр им щегъэ­жьауэ пщIым нос. Хьэзы­рылъэхэр нэхъ лъагэу тра-дэу щытащ пасэ зэманым, ауэ хуэм-хуэмурэ къекIуэтэхащ. 
ПщIэ нэхъ зиIэ бгырысхэм ящыгъ цейхэм я хьэзы­ры­лъэхэм, цей къуащIэхэм XVIII-XIX лIэщIыгъуэм и пэм щагъэ кърадэкIыу щытащ, ауэ ар XIX лIэщIыгъуэм и   кум кIуэдыжащ. КIэкъуа­щIэр, Iэщхьэр, зэгуэхыпIэхэр щIамыдэн папщIэ, езы цейм и фэм ещхь щагъэкIэ къа­дыхьырт. А щагъэ дыдэм щIыIухэмрэ щIыIунэхэмрэ къыхащIыкIыжырт. 
Нэхъ цей ехьэжьауэ ялъы­тэр пкъым ижыхьам хуэдэу хуэфIу ящыгъращ. А лъэныкъуэмкIэ бгырыс бзылъхугъэхэм я Iэзагъыр Iуэтэ­гъуейщ. МастэнэкIэ IэпэIэ-сэ дыдэхэм «шу блэкIым бзыпхъэ трахыфырт». А Iэзагъыр нэхъри иригъэ­фIакIуэрт цейми, къэпталми, уеблэмэ джэдыгуми я дыкIэр яхъуэжрейуэ зэры­щымытым. 
Цейм и щIыIухэр пхауэ ­щагъагъ, и бгым бгырыпх щIэпхащ. Абы къамэ, кIэрахъуэ, сэшхуэ кIэрыщIащ. Апхуэдэ щIыкIэу цейр зе­зыхьэ хабзэр нэхъыбэу адыгэ лъэпкъхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, осетинхэм щыщхэрат. ТIэтауэ цейр зыщыгъыр ныбжьыш­хуэ зиIэ дадэхэрат. Ар цIы­хум зэрыхыхьэ щыгъын лъапIэт, япэ къэсым, псом хуэмыдэу къуэкIыпIэ кавказ лъэпкъхэм къыхэкIахэм, зэригъэпэщыфу щыттэкъым. 
Япэ дыдэ сабийм цей щыхурагъэдыр илъэси 10 -  12 щыхъум и дежщ. Мэкъу­мэшыщIэ сабийхэм ар щIалэ цIыкIум илъэс зыбжанэ-кIэ хуэхъун хуэдэу ирагъэдырт, ауэ цейр ящылэлу зыщыгъхэр зыхуэпэкIэ зы­щIэ пщы-уэркъхэм я ауант. 
Цейм и тыншагъым и щыхьэт наIуэщ бгырыс цIыхухъу фащэр - уанэ телъхьэкIэри, шы тесыкIэри, Iэщэ зехьэкIэри, нэгъуэщI куэди дэщIыгъуу - зэрыщыту тэрч къэзакъхэм къызэ­ращтар. ИужькIэ, XIX лIэ­щIыгъуэм и плIыщI гъэхэм,  а фащэр къэрал унафэкIэ Кавказым ит къэзакъы­дзэхэм къащтэри, абы иужькIэ езы бгырысхэм я деж щиIэ пщIэми хэхъуащ. 
«Черкеска» цIэр цейм езытар ар япэ дыдэ адыгэ-шэрджэсхэм ящыгъыу зы­лъэгъуа урысхэращ. Къэ­бэрдейхэмрэ шэрджэсхэм-рэ абы «цейкIэ» йоджэ, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ «чепкен», нэгъуейхэм «шопкъан» жаIэ. 

Хьэзырхэр

ХЬЭЗЫРХЭР япэщIыкIэ къы­зэрежьар гын зра­кIутэ пхъэ бжьамий цIы­кIуущ, итIанэ бдзапцIэшэхэр иралъхьэн щIадзащ. Фочыр щаузэдкIэ ­къа­гъэщхьэпэ хъы­дан цIыкIу Iуалъхьэжырт хьэзыр Iупэм. Ауэ ­нэхъ зе­кIуэр дахэу тхыпхъэкIэ гъэ­щIэрэщIа гъущIым, ины­къуэм дыжьы­ным е ды-    щэм къыхэщIыкIа щхьэтепэ цIыкIу­хэрат. Фоч­хэр къежьа нэужь, хьэзырхэр къамыгъэсэбэпыж хъури, фащэр ауэ сытми зэрагъэщIэращIэ Iыхьэу къэнащ. Ахэр баш псыгъуэ цIы­кIум къыхащIыкI, хьэзыр Iупэхэр гъущIым, къупщхьэм е бжьа­къуэм къыхэщIыкIащ, ахэр лэч фIыцIэкIэ­ ­щали щыIэщ. Цей фIыцIэм и хьэзыр Iупэхэр къупщхьэ хужьым къыхащIыкIырт, цей сыры­хум ейхэр - фIыцIэм. Хьэ­зырхэр узэрыхуейуэ дэтхэ- нэ ­кIапэмкIи хьэзыры­лъэм иплъхьэ мэхъу. 

Бгырыпхыр 

БГЫРЫПХЫР цIыхухъу ­фащэм къыгуэпх мыхъун и Iыхьэт. Хъулъхугъэр бгы­рыпх щIэмылъу уэрамым къытехьэ хъунутэкъым, нэхъыжьми нэхъыщхьэми я пащхьэ бгырыпхыншэу ихьэ­ну емыкIут. 
Бгырыпхым щакIуэм е зекIуэм узыхуэныкъуэн хьэ­п­шып зэмылIэужьыгъуэхэр фIадзэрт: щалъэ - Iэщэм дагъэ щахуэр зралъхьэ ­гъущI щталъэ зэбгъузэнатIэ; фо­чыр зэрызэпкърах Iэдэ; шалъэ, фалъэ, нэ­гъуэщI­хэри. Сытми, бгы­рып­хыр бгъэгущталъэ пап­щIэу арат. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэращи - бгырып­хым Iэщэр кIэ­рыщIат: къамэ (е пхъампIэм илъ сэ), кIэра­хъуэ, сэшхуэ. Iэщэм зи­хъуэжыху бгы­рып­хым и мыхьэнэми зихъуэжурэ ар иужьым щыгъы­ным и Iы-хьэ щIэращIэ къудейуэ къэнащ. ЕкIуу гъэ­щIэрэщIа бгырыпхым ар зы­щIэпхар ирищхьэпэлъагэт, зы­хуэ­пэкIэ зэрищIэр абыкIэ къигъэлъагъуэу. 
 
Вакъэр 

Фэм къыхэщIыкIа вакъэр лъэпкъ псоми я деж щызекIуэрт, ауэ нэхъыбэу абы ущрохьэлIэ адыгэхэм я деж. Къэбэрдей пщы-уэркъхэр къыхэзыгъэщт абыхэм я ­    фэ вакъэ плъыжьыр. Къэ­бэрдейхэм япэщIэувэ бийхэм ар зыщагъэгъупщэртэкъым. Вакъэ плъыжь зы­лъыгъ зауэлIым уеуэмэ, пашэхэм яз хэбгъащIэу арат. КъэбэрдеибзэкIэ абы зэ­реджэр лъахъстэн вакъэщ. Ар и лъэгум деж щызэгуэдащ. Абы нэмыщI иджыри лъэдакъэ зыщIэт вакъэ лIэужьыгъуи щыIащ. 

ПыIэр 

ПЫIЭР бгырыс фащэм и Iыхьэ пажэхэм язщ. «Щхьэр псэумэ, пыIэ щы­щIэкъым», «Узэчэнджэщын уимыIэмэ, уи пыIэжьыр щхьэрыхи ечэнджэщ» жаIэ адыгэхэм. Дызэпсэлъы­лIа­хэм занщIэу ягу къэкIыж а псалъэжьхэм къагъэлъа­гъуэ цIыхухъум пыIэ щхьэ­рыгъыпхъэу псоми къызэ­ралъытэр. Унэм щыщIы­хьэ­кIэ пыIэ зыщхьэрахыр­тэ­къым, ауэ щIыбым зэ­ры-
дэтыр зыщхьэрихыу, пыIэ цIыкIу зыщхьэрызытIагъэ щыIэт. Бгырысхэм я щхьэр яупст е кIэщI дыдэу щIащэрт, ари и щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ сыт щыгъуи пыIэ ящхьэрыгъыпхъэу псоми щIалъытэм. ПыIэхэми ахэр зэрыщхьэрагъэс щIы­кIэми зэман дызытеп­сэ­лъыхьым и кIыхьагъкIэ зыбжанэрэ захъуэжащ. 
ПыIэхэкIхэр лIэужьыгъуитIу дгуэшащ - къызы­хэ­щIыкIамрэ теплъэмрэ елъы­тауэ. Япэ лIэужьыгъуэм зэ­рыщыту цым къыхэщIы-      кIа пыIэ псори хеубыдэ. ЕтIуа­нэм - цы зыIуда, зи щхьэ­гур щэкIым е упщIэм къыхэ­щIыкIа пыIэхэр хохьэ. А псори тыркубзэр и лъабжьэу урысыбзэм къыхыхьа «па­паха» цIэм къызэщIеубыдэ. 
Ещанэ лIэужьыгъуэу уп­щIэ пыIэхэр къыхэтхащ, еплIанэу - щэкIым къыхэ­щIыкIа бащлъыкъхэр. 

 Бащлъыкъ - щхьэрыхъуэн

БАЩЛЪЫКЪЫР Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ псоми яцIыху, зи мыхьэнэр тырку псалъэ «баш» - «щхьэ» жыхуиIэм къыте­кIащ. Адыгэхэр абы щхьэрыхъуэнкIэ йоджэ. А мыхьэнэ дыдэр бащлъыкъым аб­хъазхэми ират. Бащлъыкъ хъужыр зи кIапэхэр ухъурея щхьэфIэлъхьэщ. 
 
Кавказ лъэпкъхэм зэщхьу  зыщIахуапэр

Фащэр зыгъэхьэзырыр бзылъхугъэхэрати, ахэр зы лъэпкъым къикIыу нэ­гъуэ­щIым  хыхьэ  хъумэ, лъэп­къитIыр фащэкIэ зэ­хъуэжыну Iэмал къыкъуэ­кIырт.  Пщы-уэркъхэм я хабзэт я пщащэхэр  хамэ лъэпкъ­хэм иратыни,  аращ нэхъыбэу и щхьэусыгъуэр ­  зы  лъэпкъым  и зыхуэпэкIэр адрейм ей щIэхъуам,  къе­жьэм  зэры­зыдрагъэкIур ­ды­щIыб­гъуж­мэ. Шэч закъуи  хэлъкъым къэбэрдей пщы-уэркъхэм я зыхуэпэкIэр абыхэм я жьауэ щIэта ­гъунэгъу  лъэпкъхэм зи щхьэ  пщIэ хуэзыщIыжу яхэта  нэ­хъыщ­хьэхэм  къы­зэра­щ-там. 

Урысей-совет  этнограф.

СТУДЕНЕЦКАЯ Евгение,

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.