Къалащхьэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэ

Налшык и «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ» къалэ паркыр ди щIы­-налъэм и щIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ. Хадэм нобэ иIэ щытыкIэмрэ ар адэкIи егъэфIэкIуэнымрэ ятеухуа псалъэмакъ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ­уни­верситетым. Абы щызэхаша «стIол хъурейм» кърихьэлIат ­КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлIхэр, щIэ­ныгъэлIхэр, экологхэр, волонтёрхэр, КъБКъУ-м и «Плъыр щхъуантIэ» экологие гупым хэтхэр, уни­верситетым и егъэджакIуэ­-хэр, библиотекэ лэжьакIуэхэр, сту­дентхэр. 

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и тхыдэм къызэхуэсахэм яху­теп­сэ­лъыхьащ КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэм тхылъ гъуэты­гъуейхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къармэ Руслан.
- ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм       и ­лъабжьэр щагъэтIылъар 1847 ­гъэ­рауэ къалъытэ, ауэ, дэфтэр хъу­мапIэм щIэлъ тхылъхэм ятепщIыхьмэ, 1842 гъэм унафэ къы­дагъэкIауэ щытащ Долинск ­щIы­пIэм кхъужьей цIыкIухэр щы­хэ­сэным теухуауэ, - къыхигъэщащ абы. - ЗэрыщыIэ зэманым къриубыдэу хадэм зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ. 1884 гъэм ар ХьэтIохъущокъуэ пщым къищтащ, зыхуей ­хуигъэзэжын мурадкIэ. ЖыпIэнурамэ, а цIыху щэджащэм и къарурэ мылъкуу куэд хилъхьащ а Iуэхум, ауэ зэфIигъэувэжыфащ. 
Къармэм зэрыжиIамкIэ, 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэм къыкIэлъыкIуа илъэс зыщы­плIым жыг хадэм и Iуэху зыми зэрихуа­къым икIи ар хьэлэч хъуащ. Иужь­кIэ, 1921 гъэм, абы унафэ щхьэхуэ тращIыхьащ республикэм и уна­фэщI­хэм икIи къалэм и парк нэхъыщхьэу къалъытэ хъужащ. 
КъБР-м и Парламентым Мэкъу­мэш политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и уна­фэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо ­Сэфарбий къыщыпсалъэм жиIащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр зы­хуей хуэгъэзэжыныр зи пщэрылъ лэ­жьакIуэ гуп хэха къызэрызэрагъэ­пэщар. Абы и псалъэм пищэу зэ­хуэсым къыщыпсэлъа Тембот ФатIимэ, РАН-м Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым и уна­фэщIым, жиIащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэу зэры­щы­тыр. 
- А хадэращ парк нэхъ ин дыдэу ди щIыналъэм щыIэр. ХьэтIохъу­щокъуэм и жыг хадэр хъумэнымрэ егъэ­фIэкIуэнымрэ пыщIа Iуэху куэд къыкъуэкIащ мы зэманым. Къапщтэмэ, абы щыпсэу къуалэбзу­хэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ я бжыгъэр зэфIэгъэувэжын хуейщ. ­Ап­хуэдэу жыгхэм яхэтщ узыфэ гуэрхэр зыпкърыт, хэгъукIахэри ма­щIэкъым. Гъэкъэбзэн хуейщ псы­хъуэри, - игъэбелджылащ Темботым. - Паркым къриубыдэ щIыпIэм ит тыкуэн цIыкIухэр, нэгъуэщI уней IуэхущIапIэхэр куэдыIуэ хъуащ. Абыи зы унафэ иIэн хуейуэ къызолъытэ. 
А псоми игъэпIейтейхэм ящыщщ «ЩхъуантIэхэр» урысей экологие ­партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр. Абы и уна­фэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий къа-лэ администрацэм зыхуигъэзащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр ­яхъумэн хуей щIыпIэ хэхауэ къы­-зэрылъытапхъэмкIэ лъэIу тхылъ. Мы гъэм и гъатхэм абы теухуа унафэ къащтащ. И илъэс 200 ­юбилейм паркыр зыхуей хуэзэжа­- уэ ирихьэлIэну щогугъ зэхуэсым къы­щыпсэлъахэр. 
«Плъыр щхъуантIэ» экологие гупыр зэлэжь Iуэхугъуэхэм къы­зэхуэсахэм яхутепсэлъыхьа абы и пашэ Шыбзыхъуэ Аскэр зэ­ры­жиIамкIэ, гупым хэтхэм я нэIэ трагъэтщ паркым и къабзагъэм. Iуэхур ефIэкIуэным сэбэп хуэхъунут Инстаграм социальнэ сетым паркым, ар зыгъэкъабзэхэмрэ къэ­зыу­цIэпI­хэмрэ ятеухуа хъыбархэр иралъхьэу щытамэ. Апхуэдэу хадэм ит тыкуэнхэр, шхапIэхэр зыгъэла­жьэ­хэр кIэ­лъыплъын хуейщ я IуэхущIапIэхэм ихъуреягъым щыщыIэ къабзагъэм. 
ЗэIущIэм хэтащ ХьэтIохъущо­къуэм и жыг хадэм и унафэщI Шаваев Елдар. Абы жиIащ паркым и зыу­жьыныгъэм зи мурадхэмрэ Iуэху­фэхэмрэ хуэзыгъэпс дэтхэнэми шэщIауэ ядэлэжьэну зэригуа­пэр. 
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.