Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ

Налшык щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэ­лIахэр Къэбэрдей-Балъ­къэ­рыр Урысейм зэрыгу­хьэрэ илъэс 400 зэрыри­къуам и цIэр зезыхьэ утым къыщежьэри ЗэгурыIуэ­ныгъэ утым нэс къыдэ­кIуеящ икIи артист цIэры­Iуэхэм абдеж къыщызэрагъэпэща концертым еп­лъащ.

ЦIыхубэм я сатырхэм хэту гуфIэгъуэ гъуэгуанэр къызэпачащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, республикэм и Парламентымрэ Правитель­ст­вэмрэ я унафэщIхэр, ­КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, лэжьакIуэ гупхэм, щIалэ­гъуалэм, профсоюз уна­фэщI­хэм, политикэ партхэмрэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэм.
Апхуэдэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэхэр республикэм и къа­лэ, район псоми ще­кIуэ­кIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм гуфIэгъуэ Iуэху­хэм щы­пащащ. Къэбэрдей уэрамым къыщызэIуахащ Урысейм и къалэ зэ-мылIэужьыгъуэ куэдым къи­кIа цIыху IэпщIэлъапщIэхэм ящIа хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр щащэ арт-бэзэр. Ап­хуэ­дэу цIыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ творчествэмкIэ Къэ­­занокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ сабий цент­рым и гъэсэнхэм ягъэлъэ­гъуа концерт хьэлэмэтыр.
Налшык къалэм и ипподромым гъэмахуэ лъэхъэ­-нэм и япэ шыгъажэр ще­кIуэкIащ. Шы спортыр фIы­уэ зылагъу­хэм псалъэ гуапэ­хэмкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащ­хьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек.
«Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Но­бэ, накъыгъэм и 1-м дэ гъэмахуэ шыгъажэхэр къызэIудох. Шы гъэхъуныр, шы спортыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэщ икIи абы зэпымыууэ зедгъэужьыну ди къалэнщ. Тху­зэфIэкI къэдгъэ­нэнкъым мы IэнатIэр едгъэ­фIэкIуэн пап­щIэ. Зэпеуэм хэтынухэм я кIэныр къикIыну си гуа­пэщ, махуэшхуэмкIэ сыны­во­хъуэхъу», - жи­Iащ абы.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ шыгъажэ лъэ­хъэнэр къыщызэIуах махуэм абы хэтынухэр республикэм и цIыху гъуэзэджэ­хэм, Социалист Лэжьыгъэм и лIыхъужьхэу Ахъмэт Мусэбий, Аттоев Салихь, Евтушенкэ Николай сымэ я цIэ­кIэ ягъэува саугъэтхэр къэ­хьыным хуэгъэзауэ зэрызэпеуэнур. Саугъэт щхьэхуэ ягъэуващ КъБР-м и Пар­ламентыр илъэс 25-рэ зэ­рырикъуам и щIыхькIэ.
«Росипподром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и генеральнэ директор Зайцев Дмитрий Къэбэрдей­-Балъкъэрым ис­хэмрэ хьэ­щIэхэмрэ за­хуи­гъазэри ­жи­Iащ мы гъэм екIуэкIыну шыгъажэхэм ехъулIэны­-гъэ куэд къадэ­кIуэну икIи шы гъэ­хъу­ным­кIэ республикэм щы­зэтеува хабзэ­-       хэр ягъэ­бэ­гъуэну зэ­ры­щы­гугъыр.
Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист нэхъыфI­хэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.