ЗэгурыIуэм и лъабжьэр

ЩэкIуэгъуэм и 12 - 15-хэм ­Налшык къалэм щекIуэкIащ «Щэнхабзэр зэгурыIуэм и лъабжьэщ» зэхыхьэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ­хэм, Осетие Ипщэм, Абхъазым я лIыкIуэхэр (библиотекэхэм, музейхэм я лэжьакIуэхэр, художественнэ гупхэм я унафэщI­-хэр, н).

ЩэкIуэгъуэм и 13-м хьэ­щIэхэмрэ бысымхэмрэ «стIол ­хъурей» щрагъэкIуэкIащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, террориз­мэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэм щытепсэлъыхьу. Апхуэдэуи ахэр зэчэнджэщащ щIыналъэхэм я щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIымрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ щIапхъэм теухуауэ.
Пщыхьэщхьэм Къэрал кино­концерт гъэлъэгъуапIэм пшыхь гукъинэж щекIуэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я къэфакIуэ, уэрэд­жыIакIуэ ныбжьыщIэхэр хэту.
Япэ къатым хьэщIэхэр щеп­лъащ Кавказым и сурэтыщIхэм­-рэ Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-м и гъэсэнхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм. 
- КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэкIэ зыф­хузогъазэ мы зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэми абы хэтхэми. Мы Iуэхур мыхьэнэшхуэ зиIэщ, Кавказым ис лъэпкъхэм я щэн­хабзэм дызэрешалIэри, - жиIащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис. - Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ зэхыхьэхэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр ирагъэфIакIуэ. Нобэ дригушхуэу жытIэфынущ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым емы­лъытауэ, Кавказым щыпсэухэр дызэкъуэту, дызэныбжьэгъуу дыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуэр. Дуней псом едгъэлъагъуфыну, щапхъэ яхуэхъуну щэнхабзэ къулей диIэщ. Аращ ди къарум и хэкIы­-пIэ нэхъыщхьэри.
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэры­рагъэблэгъар зэрагуапэр. Зэ­хыхьэм щыжаIащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я Iэтащхьэхэм 2019 гъэр Зэныбжьэгъугъэм и илъэсу зэрагъэувам и фIыщIэкIэ нэхъыфIыжу ахэр зэрызэкIэлъыкIуэнур. Лъэпкъхэр зэгурыIуэу, мамыру зэдэпсэуным нэхърэ нэхъапэ зэ­рыщымыIэр жаIащ.
Пшыхьым хэтащ уэрэджыIа- кIуэ Балъкъызхэ Тимуррэ Гюльшахрэ, Теунэ Жэмал, Жыгуэ Джамболэт, Иуан Каринэ, Амщокъуэ Амырхъан, Атмурзаев Эльдар сымэ, къафэ дахэхэр ягъэ­лъэгъуащ «Нартхасэ», «Стимул», «Импульс», «Салам», «Ассорти», «Эльбрус», «Данс степ» гупхэм, нэгъуэщIхэми.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н