МэшбащIэ Исхьэкъ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ

Мэлыжьыхьым и 29-м Кремлым щекIуэкIащ «Урысей Федерацэм Лэ­жьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIа зэхы­хьэр. 

Зи гугъу тщIы цIэ лъапIэр 2019 гъэм зратахэм яхэхуащ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ усакIуэ, тхакIуэ, цIыхубэ лэжьакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. 
«Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр УФ-м нэхъ лъагэ дыдэу щызекIуэ къэрал дамыгъэщ. Абы теухуа дэфтэрым зэрыжиIэмкIэ, а саугъэтыр ягъэувауэ щытащ «пщIэнтIэпс къабзэм, псэемыблэжу ягъэзащIэ лэжьыгъэм и пщIэр яIэтын папщIэ». ЦIэ лъапIэр хуа­гъэфащэ «къэралымрэ лъэпкъымрэ я пащхьэ ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэ къы­щызыгъэлъэгъуахэм, урысей цIыхубэм я гъащIэр езыгъэфIакIуэ IуэхукIэ жыжьэ кIуэтэфахэм». 
ЦIэ лъапIэр зыфIаща цIыхуитхур утыку къришэн и пэкIэ, къэрал унафэщIым ­дэтхэнэ зыми дыгъуасэ псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ. МэшбащIэ Исхьэкъ и гугъу щищIым, Путин Владимир къыхигъэщащ абы и ­IэдакъэщIэкIхэм нэхърэ мы­нэхъ мащIэу, и зэдзэкIыгъэхэми мыхьэ­нэшхуэ зэраIэм: «Кавказ Ищхъэрэ псор зыгъэлъапIэ абы и усэ телъыджэхэр уры­сыбзэкIи нэ­гъуэщIыбзэхэмкIи Iуащ. Махуэ къэс узримыхьэлIэ бзэхэм язу щыт адыгэ­бзэмкIэ урыс литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэр зэрызэридзэкIам папщIэ усакIуэм пщIэ лей къелэжь. Ар совет зэманым фIыуэ зыщызыужьа, иджы, ди жагъуэ зэ­рыхъущи, Iэпэдэгъэлэл тщIа лэжьыгъэщ, ды­зыхуэныкъуэ куэд тIэщIигъэхуу, икIэ­щIы­пIэ­кIэ зэтегъэувэжын хуейуэ. Лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэхэмкIэ ­зэхъуэжэну Iэмал къезыт, урыс ли­те­ра­турэми зезыгъэужь а лъэныкъуэмкIэ уиIэ ехъу­лIэныгъэхэр дэркIэ хуабжьу лъапIэщ». 
МэшбащIэ Исхьэкъ къэрал унафэщIми зэхыхьэм къеблэгъахэми псалъэ гуапэкIэ защыхуигъазэм, и псалъэм къыхигъэщащ а саугъэтыр езым и закъуэ хуа­гъэ­фэщауэ къызэримылъытэр. «Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ цIэ лъапIэр урыс литературэ щэджащэм, сэ сыкъызыхэ­тэ­джы­кIа, Урысейм ис лъэпкъ псоми я литературэм, шэч хэмылъуи, адыгэ-шэрджэс литературэмрэ си хэку Адыгэ Республикэмрэ къыхуагъэфэщауэ къызолъытэ», - жиIащ тхьэмадэм. 
Нэхъыжьым гуфIэгъуэр даIыгъыну зэ­хыхьэм еблэгъахэщ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зы­гъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, сенатор ­Хъупсырокъуэ Мурат, Къэрал Думэм и депутат Хьэсанэ Мурат, н. 
МэшбащIэ Исхьэкъ и гъусэу цIэ лъа­-пIэр зыфIащахэм ящыщщ Приморский крайм хыхьэ «Южморрыбфлот» Iуэху­щIа­пIэм и унафэщI Антонов Сергей; ­«Урысей гъущI гъуэгухэр» зэгухьэныгъэм и Новосибирск къудамэм хыхьэ Инскэ ­гъущI ­гъуэгу станцым и лэжьакIуэ Боч­карёвэ Ольгэ; Новгород Ищхъэрэ облас­тым ­хыхьэ «Завод Красное Сормово» зи фIэ­щыгъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Жарков Николай; КъБР-м мызэ-мытIэу щы­хьэщIа, Вахтангов Евгений и цIэр зэрихьэу Мэз­-куу дэт  къэрал  драмтеатрым  щы­лажьэ артист цIэрыIуэ  Лановой Василий.  
МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIаща цIэ лъапIэр хуэмахуэну дохъуэхъу, Тхьэмадэ гуа­щIафIэр адэкIи узыншэу. Тхьэм ди япэ иригъэт. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)