Гушхуэныгъэрэ гупсысэ дахэкIэ гъэнщIат

Адыгэ ныпым и махуэм егъэщIылIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр Аруан щIыналъэми щекIуэкIащ. 

Автомобиль зекIуэм хэтхэр Нарткъалэ дэт стадионым и гупэм шэджагъуэ мыхъуу щызэхуэсащ. Лыдыжу вагъуэ пщыкIутIыр зыщхьэщыт шабзищ  зэблэдзар зытеда бэ­ракъ удзыфэхэр зыщхьэщы­хуарзэ машинэ гъэщIэрэщIахэм я сатырым ипэ иуващ адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэ­щыхуэпыкIа шууищыр. «ЗекIуэлIхэр» къалэкум и уэ­рам нэхъыщхьэхэмкIэ ирикIуэри, район администра-цэм и гупэм къыщыувыIащ. Гупым хэтхэм абдежым зыкъыщагъазэри, а щIыпIэм ­къегъэщIылIа адрей Iуэху­щIапIэхэм щыпэкIу цIыхухэм ягъэщIагъуэу, районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пащхьэ «щепсыхащ». 
Утыку Iэхуитлъэхуитыш-хуэм дыщихьэм, дэ зэуэ гу лъыттащ ихъуреягъкIэ цIыху куэд дыдэ зэрыщызэхуэса-ми, лъэныкъуитIымкIи къра­гъэу­вэкIа дапхъэ зыкъизых­хэр хьэпшып гъэщIэгъуэн-хэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIа-       ми, лъагапIэ нэхъыщхьэр концерт гъэлъэгъуапIэ дахэу зэрыхагъэунэхукIами.
Зэхуэсым къекIуэлIахэм пэублэ хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ ар и кIыхьагъкIэ дахэу езыгъэкIуэкIа ныбжьыщIэхэу Хъуэст Темырланрэ Блий Каринэрэ. 
Утыкум къихьащ Аруан ­район администрацэм и унафэщI Куэшей Азэмэт. Адыгэхэм я ныпым и къэунэ­хукIам, тхыдэм щыхиша и «лъагъуэ» гукъинэжым кIэщIу я гугъу ищIа иужь, абы жиIащ:
- Шэрджэсхэм я бэракъым ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэ­дапщэхэр мыпхуэдэу зэIухауэ ди районым япэу щедгъэ­кIуэ­кIыу аращ. Адыгэхэм я ны-пым и махуэр ди республи-кэм гъэ­лъэпIэн щыщIэддзар абыкIэ жэрдэмыр 2005 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэ­IущIэу Налшык щекIуэкIам къыщащта иужькIэщ. Япэрей илъэсхэм ар концерт, зэхыхьэ тIэкIу хуэдэхэмкIэ зэфIэдгъэкIыу щытыгъами, иджы, зэрыфлъагъущи, гуфIэгъуэм и къэухьым зиубгъу зэпытщ, ар зыгъэлъэпIэну гупыж зыщI­хэм я бжыгъэм, ди гуа- пэ зэрыхъущи, илъэс къэс хохъуэ. Сохъуахъуэ, нобэ дгъэ­лъапIэ гуфIэгъуэм хуэдэхэм лъэпкъыр дыщымыщIэну, нэжэгужагъэр ди нэгум къищу, дызэщыгуфIыкIыжрэ ды­зэ­хуэгушхуэжу, ижькIэрэ къыд­декIуэкI нэмысыр тхъу­мэ­жыфрэ дыщыпсэу райо­ным и пщIэри тIэту Тхьэм куэд­рэ дыкъригъэкIуэкIыну!
ЖыпIэнур арамэ, зэхыхьэм и къэухьыр ину, дахэу къызэгъэпэща хъуат. Концерт теплъэгъуэхэмрэ къэпсэлъэ­ныгъэ купщIафIэхэмрэ къи­щы­нэмыщIа, утыкум нэ­гъуэщI Iуэхугъуэ щхьэпэхэри щекIуэкIащ. Районым хыхьэ къуажэхэм я администрацэхэм щылажьэхэм, курыт еджапIэхэм щIэс цIыкIухэм-рэ абыхэм я гъэсакIуэхэм­-      рэ я зэфIэкIкIэ мыбдежым щагъэлъэгъуащ адыгэхэм пасэм диIа псэукIэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зыт­рагуэша, музей теплъэ         яIэу адэкIэ-мыдэкIэ къыщ­рагъэу­вэкIа дапхъэ гъэ­щIэ­рэщIахэр. 
Утыку иным щызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ респуб­ликэм фIыуэ къыщацIыху уэ­рэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Болэ Астали, Теунэ Джэ­мал, Кумыщ Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэми, Аруан щIыналъэм хыхьэ къуажэ-хэм я художественнэ къэфакIуэ гупхэм хэтхэм, район ЗАГС-м и лэжьакIуэхэм. 
Ди щхьэкIэ псом нэхъ-              рэ нэхъ дыдэзыхьэхахэм ящыщщ  гъэсакIуэ пажэ  Мыз Хьэжмурат Псыгуэнсу къуажэм щызэхиша къэфакIуэ гупым хэтхэм утыкушхуэм гукъинэжу зэрызыщагъэзар. ИпэжыпIэкIэ, абыхэм ягъэзэщIа къафэ­-хэм уамытхьэкъункIэ Iэмал иIакъым, хэтахэр апхуэдизу уардэрэ зэкIуж защIэу, ­ящыгъ фащэхэр къащы­лы­дыкIрэ абыхэм я зэгъэ­пэ­щыным ахъшэфIи къарууш­хуи зэрытрагъэкIуэдар нэры­лъагъуу. 
Щыгъуазэ дызэращIам-кIэ, зэхыхьэр къызэгъэпэ­щы­­нымкIэ жэрдэм нэхъыщ­хьэр зейри ар зэкIэлъыгъэ­кIуауэ егъэкIуэкIыным зи         гуащIэ нэхъыбэу езыхьэлIари Аруан районым Щэн­хабзэмкIэ и унэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Зыхьэ Окса­нэщ. 
ДгъэщIэгъуащ нэжэгужагъэр щытепщэ утыкум ­«Кавказ джэгукIэхэр» спорт-щэнхабзэ фестивалхэм гъэ къэси зыкъыщызыгъэлъа­гъуэ, ди республикэм кIап-   сэ зэпекъумкIэ и командэ ­хэхам хэт щIалэхэм гукъинэжу зэрызыщагъэзари, гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIа ныбжьыщIэхэр трагъэгуш­хуэурэ зэпеуэ удэзы­хьэх­хэм зэрыхашари. 
ЖыпIэнур арамэ, концерт теплъэгъуэхэр и кIэм нэб­лэгъами, нэфIэгуфIагъэр зи нэгум къищ цIыхухэр зэбгрыкIыжыну  епIэщIэкIыртэкъым, къызыхэкIа лъэп-къым ехьэлIауэ «щызэщIакъуа» гушхуагъэмрэ гупсы-сэ дахэу къахуэушахэмкIэ зыр адрейм зэрыдэгуэ­шэ­ным хущIэкъухэу…

 

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)