Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьУФ-м и Президент Путин Владимир дыгъуасэ Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь цIэр фIэщыным теухуауэ» унафэм. ЦIэ лъапIэр зыфIаща цIыхуи 5-м яхэтщ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр зыфIащыр къэралым, лъэпкъым я пащхьэ фIыщIэшхуэ щызиIэ цIыху щэджащэхэрщ. УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм егъэщIылIауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз Академием я академик, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэхэр зезыхьэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» урысей орденым и II, III, IV нагъыщэхэр, «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Абхъаз Республикэм и «ПщIэмрэ ЩIыхьымрэ» орденыр, «Кубаным и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр зыхуагъэфэща МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэми, урысей, дунейпсо литературэхэми яхуищIа хэлъхьэныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ мамырыгъэмрэ, хэкум зиужьынымрэ ефIэкIуэнымрэ и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьам щыхьэт техъуащ къэрал Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|