Республикэм и прокурорыр хах

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дыгъуасэ иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и Генеральнэ прокуратурэм КИФЩI-м щиIэ управленэм и унафэщI Семёнов Александр, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэрым къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу хэт Ульбашев Мухьэрбий, иджыблагъэ КъШР-м и прокурор ­хъуа Жариков Олег, депутатхэр, республикэ унафэщIхэр.

ЗэIущIэм псом япэу щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорым и къулыкъум Хабаров Николай зэрыпэрыувэм. 
Депутатхэм Iэ яIэтын и пэ къихуэу, Семёнов Александр жиIащ УФ-м и Конституцэм и 129-нэ Iыхьэмрэ «УФ-м и Прокуратурэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 15-нэ Iыхьэмрэ тету, прокурор нэхъыщхьэ Чайкэ Юрий къызэрыхилъхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор къу­лыкъум юстицэмкIэ 3-нэ класс зиIэ къэрал чэнджэщэгъу Хабаров Николай ягъэувыным хэплъэну.
- Хабаров Николай прокуратурэм 1994 гъэ лъандэрэ щолажьэ. 2012 гъэм къыщыщIэ­дзауэ Шэшэн Республикэм и прокурорым и япэ къуэдзэу щытащ. Абы зэфIэкIрэ жэ­уаплыныгъэ инрэ хэлъу зыкъигъэлъэгъуащ икIи «УФ-м и Прокуратурэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр, къэрал дамыгъэхэр къы­хуагъэфэщащ. Ди фIэщ мэхъу абы и зэфIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми къыщигъэсэбэпыфыну, - жиIащ Семёновым.
Депутатхэм псоми зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ Хабаров Николай КъБР-м и прокурор ­къулыкъум зэрагъэувымкIэ.
Хабаров Николай депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ я дзыхь къызэрырагъэзам ­папщIэ икIи къыхигъэщащ законым тету республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэр зэрихъумэнур.
Депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбеки. Республикэ уна­фэщIым жиIащ Хабаров Николай и къалэнхэм зэрыпэлъэщынум, и IэнатIэм къыщигъэ­лъагъуэ зэфIэкIыр Къэбэрдей-­Балъкъэрыр ефIэкIуэным зэрыхуиунэтIынум шэч къы­зэрытримыхьэр. Апхуэдэуи КIуэкIуэ Казбек депутатхэм ехъуэхъуащ Урысейм и Парламентаризмэм и махуэмкIэ.
Егоровэ Татьянэ фIыщIэ псалъэхэр жриIащ Жариков Олег, илъэс 12-кIэ республикэм и прокурор къулыкъум и къару емыблэжу зэрыпэрытам папщIэ.
ЗэIущIэм депутатхэр арэзы щытехъуащ Дзэлыкъуэ районым и суд IуэхущIапIэ №1-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулы­къум Гуэнгъэпщ Майе, Тэрч районым и суд IуэхущIапIэ №1-м и зэзыгъэкIуж ­хеящIэм и къулы­къум Хъущт Алимбэч, Аруан районым и суд IуэхущIапIэ №1-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум Щоджэн Ислъам ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам.
Депутатхэм етIуанэ еджэгъуэу къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и ­къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2019 гъэм, 2020 - 2021 гъэхэм ятещIыхьауэ» КъБР-м и Зако­ным хэлъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм. Дэф­тэрыр ягъэхьэзыращ налогхэмрэ нэ­гъуэщI хэхъуэхэмрэ къапэкIуэну зытращIыхьыр сом мелуан 249,6-кIэ хэ­хъуэну къызэрагъэлъагъуэмрэ федеральнэ бюджетым къыхэкI бюджет ­трансферту сом мелуан 238,1-рэ къызэры­хуаутIыпщамрэ ятещIыхьауэ. Къэпсэ­лъам зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм Къэ­бэрдей-­Балъкъэрым и бюд­жетым и хэхъуэр сом мелард 34-рэ мелуан 695,4-рэ хъуну тращIыхь, республикэм къигъэ­сэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 34-рэ ­мелуан 413,2-м. Налогымрэ нэгъуэщI ­хэ­хъуэхэмрэ сом мелард 11-рэ мелуан 674,2-рэ къатын хуейщ.
Депутатхэр япэ еджэгъуэу хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Егъэджэныгъэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и Iыхьэ 5-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законхэм я проектхэм.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.