КIуэкIуэ Казбек яIущIащ «Урысейм и пашэхэр» зэхьэзэхуэм щытекIуахэм

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек щэ­кIуэгъуэм и 15-м яIущIащ «Урысейм и пашэхэр» урысейпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щытекIуа­хэм. 

ЗэIущIэм хэтхэм КIуэкIуэ Казбек щагъэгъуэзащ зэпеуэр зэрекIуэкIа щIыкIэм, зыIууа гугъуехьхэм, дяпэкIэ я мурадхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыны­-гъэм сэбэп хуэхъуну къалъытэ я Iуэху еплъыкIэхэм.
- «Урысейм и пашэхэр» зэхьэзэхуэр ди зэманым икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу къызолъытэ. Зэпеуэр уи зэфIэкI бгъэу­нэхунымкIэ IэмалыфIщ икIи гъэщIэ­гъуэнщ, - жиIащ Къумыкъу Аслъэнджэ-рий. - Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэхэр Псы­хуабэ щекIуэкIати, пэжыр жыпIэмэ, ­Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа гупым ехъу­лIэныгъэфIхэр абы къыщагъэлъэгъуащ. Нэхъыщхьэращи, зыр адрейм дэIэпы­къуэгъу хуэхъуу дызэрыIыгъыу дызэ­дэ­лэжьащ, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа куэди абы къыдигъэцIыхуащ. Псори зэ­хьэзэхуэм пхымыкIами, ар дэтхэнэми дерсышхуэ хуэхъуащ.
Гилиев Мурат дыщIигъуащ зэхьэзэхуэр гукъинэж зэрыщыхъуар, апхуэдэ зэпеуэ­хэм хэтыну къыдэлажьэхэри и ныбжьэгъу­хэри къызэрыхуриджэр. 
- Дауи, фыщыгъуазэ къыщIэкIынщ ди щIыналъэми иджыблагъэ зэрыщыдублам лэжьакIуэфI хъунухэр къыхэхыным теухуа «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэр. Мыпхуэдэ зэпеуэхэм цIыхухэм зрагъэужь. Къапщтэмэ, абыхэм хэт къудей мыхъуу, IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIыр къэзыгъэнаIуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езы IуэхущIапIэхэми ирагъэкIуэкIыпхъэу къызолъытэ. Ди щIыналъэм и экономикэм зезыгъэужьын, зэфIэкI зиIэ цIыху­хэр мы зэпеуэм къигъэлъэгъуэнущ икIи сыщогугъ абыхэм гуп лъэщ къахэкIыну, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэIущIэм кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ «ЛъагапIэ­щIэ» зэпеуэм хэтыну мы зэманым ирихьэлIэу цIыху мини 4-рэ ныкъуэм щIигъум зэрызрагъэтхар.
КIуэкIуэм зэIущIэм хэтхэр къыхуриджащ «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэми я зэфIэкI ­щеплъыжыну. Абы къыхигъэщащ «Урысейм и пашэхэр» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр къулыкъу зыхуэбгъэфащэ ­хъуну гупым зэрыхагъэхьэнур.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ