Пщэдджыжь уэсэпсым хэлъ хущхъуэгъуэр

«Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым зы цIыху ныбжь егъэкъэбзэф», - жиIэгъащ урыс театр школым и теоретик цIэрыIуэу щыта Немирович-Данченкэ Василий. 

Шэрджэс бзылъхугъэхэм я дахагъэм зэ­ры­кIэлъыплъыж щэхухэр яIэжт, анэм пхъур хуигъэIущу ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIыу. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу абыкIэ къагъэсэбэпри щIыуэпсым къарит Iэмалхэрт. Къапщтэмэ, нэгъуэщI лъэпкъ куэдми хуэдэу, адыгэхэми я ­        фэр дахэу щытын щхьэкIэ, IэмалIыфIу къагъуэтат пщэдджыжь уэсэпсыр. АбыкIэ зытхьэ­щIынымкIэ цIыхубзым и махуэр къыщIидзэрт. КъищынэмыщIауэ, уэсэпсым лъапцIэу къыщакIухьырт, лъакъуэм дежкIи ар сэбэпти. Шэрджэс бзылъхугъэхэм я напэр хужьу, ущызэ­кIэ­щIэплъу щIыщытыр абы и закъуэтэкъым. ЗыщатхьэщIкIэ, псымрэ сабынымрэ я пIэкIэ, абыхэм къагъэсэбэпыр шэжыпсырт. Адыгэхэм яфIэ­къабылтэкъым дыгъэрысыфэр. ЦIыхубзхэм шхум къыхащIыкIыурэ напэр хужь зыщIхэр щахуэрт, апхуэдэуи уэгуш нэкIухэр хагъэ­гъуэ­щэфырт кхъуейлъалъэ къызыхаха шэжыпскIэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэр къэзыгъэлъагъуэ зы нэщэнэт фэрэкI напэ Шэрджэсым узэрыщримыхьэлIэри. 
ЦIыхубзым и теплъэм и дахагъэр къэзыгъэ­лъагъуэм щыщщ абы телъ щхьэцыр. Ари егу­гъуу зэрахьэрт адыгэ бзылъхугъэхэм. Пхъэ мажьэхэр бжьэ шэху зыхэт псыхэмкIэ, тхьэрыкъуэфым, нэгъуэщI къэкIыгъэхэм я дагъэкIэ ягъэкъабзэрт. Мыпхуэдэ Iэмалхэр ноби къэзыгъэсэбэп куэд щыIэщ икIи ар щыхьэт тохъуэ ­дахагъэм и щэхухэр адыгэ бзылъхугъэхэм ижь-и­жьыж лъандэрэ зэращIэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н