Хэт фэилъхьэгъуэ нэхъ гъэщIэгъуэн къимыгупсысрэ?!

Налшык дэт курыт еджапIэ №32-м и ­11-нэ классым щIэс Тембот Дианэ ехъу­лIэныгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ «Дай пять! Дизайнер будущего» урысейпсо зэхьэзэхуэм. Ар къызэзыгъэпэщахэм яхэтщ «Молодежка ОНФ»-р.
Дизайнер Iуэхум зыхуэзыгъэсэн щIэ­зы­дзэгъащIэхэм (илъэс 14 - 17-хэм итхэм) ятещIыхьауэ екIуэкIа а зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэтар Дианэ и ­закъуэщ икIи абы и эскизхэмкIэ яда фэ­илъхьэгъуэр утыку щагъэлъэгъуащ уры­сей модэм зэхыхьэ нэхъ ин дыдэу къыщалъытэм - Mercedes-Benz Fashion Week Russia фIэщыгъэр зиIэм. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, зэпеуэм хэтыну лэжьыгъэ мини 2-м щIигъу зэрырагъэ­хьар, абыхэм ящыщу утыкур зыхуагъэфэща 21-м яхэтщ Темботым ейри.
- Зэпеуэр зэрекIуэкIынур щызэхэсхар ­сыщеджэ сабий художественнэ школырщ (Налшык къалэ). Ар занщIэу сфIэгъэщIэгъуэн хъуат, ауэ эскизхэм сыщелэжьым ­         си пщIыхьэпIи къыхэхуакъым подиумым ­сыкъыщыхутэну, е, сэ сщIэрэ, къэзгупсыса  фэилъхьэгъуэр  уэрэджыIакIуэ  цIэрыIуэ Тоневэ Иринэ утыку щигъэлъэгъуэну, - жеIэ Дианэ.
Зэпеуэм и кIэух гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэрызэIуахари хъыджэбзым и фэилъхьэгъуэращ. Абы и ужьым иту, адрей ди-        зайнер ныбжьыщIэхэми я щыгъынхэр ягъэ­лъагъуэу, утыкум ирикIуащ артист цIэ­рыIуэхэу Савичевэ Юлие, Утяшевэ Ляйсан, Адушкинэ Катя, Кокэ Клавэ, Арза­ма­совэ Лизэ, Михеевэ Аллэ, нэ­гъуэщI­хэри. 
Гъэлъэгъуэныгъэр щызэхуащIыжым, «Дай пять! Дизайнер будущего» зэхьэ­зэхуэм пхыкIа дизайнер 21-р (Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыщт) утыку къра­шащ я фащэхэр зыгъэлъэгъуахэм. Абыхэм фэилъхьэгъуэхэр къызыхуагъэ­нэжащ, ягу ирихьауэ жаIэри. 
Шэч хэмылъу, модельер ныбжьыщIэ­-хэр мы  зэпеуэм  нэхъ  тригъэгушхуащ IэщIагъэ яхуэхъунум. Къапщтэмэ, Тембот Диа­нэ шэч къытрихьэркъым, школыр къиух­мэ, дизайнер IэщIагъэм зэры­хуеджэнум.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.