Къэралым и къулеигъэ нэхъыщхьэ

ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм ирихьэлIэу Дзэлыкъуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан зыхуэдгъэзащ щIыналъэм и Iуэху зыIутым, и ехъулIэныгъэхэмрэ и гугъуехьхэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну. 

- Руслан, щIыпIэ само-управленэм и лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъур сыт? 
- Ди лэжьыгъэр нэхъыбэу зытегъэщIар къэралымрэ республикэмрэ я уна­фэщI­хэм къытхуагъэув къалэнхэмрэ япэ игъэщыпхъэу къалъытэ Iуэхугъуэ­хэм­рэщ, апхуэдэуи мыхьэнэ яIэщ ди щIыпIэм ис цIы­ху-х­эр зыгъэпIейтейхэмрэ зы­къы­зэрытхуагъазэ лъэIу­хэм­рэ. 
ЕдгъэкIуэкI политикэм и купщIэр къэралым и къу­леигъэ нэхъыщхьэ дыдэр - цIыхухэр - хъумэнырщ. Абы ипкъ иткIэ, ди къарур зэтхьэлIэр унагъуэм епха ­хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэ­нырщ, цIыхухэм я узын- ша­гъэр, егъэджэныгъэр, псэу­­­кIэр   егъэфIэкIуэ-нырщ. Ахэр зэдгъэхъу­лIэ­ныр муниципальнэ щIы- налъэм иIэ мылъкум куэдкIэ елъытащ. 
Дзэлыкъуэ куейм и экономикэм лъабжьэ хуэхъур мэкъумэш IэнатIэращ. ­Абы IуэхущIапIэу 638-рэ къы­зэ­щIеубыдэ. Абы хохьэ мэ­къумэш предприятэу ­41-рэ, фермэу 68-рэ, я щхьэ хуэлэжьэж хьэры­чэ­ты­щIэу 529-рэ. IуэхущIапIэ нэхъ ­инхэр - «Колхоз Псынадаха» ООО-р, «Верхнемалкинский» СХПК-р, «Мал­-ка» ООО-р, «Агроопт-            торг» ООО-р, «Зольский ­ка­р­­тофель» ООО-р, нэ­гъуэ­щI­хэри. 
- Уэ илъэситху хъуауэ Дзэлыкъуэ районым урит­хьэ­мадэщ. Сыт пху­зэ­­фIэкIа а лъэхъэнэм къриу­быдэу?
- Зэманыр псынщIэу блэ­лъэтащ, зыщытIэжьэ хъун пIалъэ къытхуимыхуэу. Рай­он, къуажэ ад­ми­нистрац­э­хэм лэжьакIуэ хъар­зынэхэр щыIэщ. Ауэ ­ сэ  сытым дежи жызоIэ: «Дэ нэхъыбэж тхузэфIэкIынущ, щапхъэ зытетхыпхъэ ди­Iэщ». Гугъуехь нэхъыщ­хьэм ди закъуэкъым Iууэр, атIэ къэрал псор егъэпIейтей, ар финанс и лъэны­къуэкIэ щыIэ лъэпощхьэпохэрщ. 
Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и уна­фэ­щIу сыщыува 2014 гъэм щегъэжьауэ Iуэхугъуэ куэд зэдгъэхъулIащ, ауэ нэ­хъыщ­хьэу къэслъытэхэмкIэ сывдэгуэшэнщ. Ди рай­оным дежкIэ мы­хьэ­нэш-хуэ иIэу щытащ 2014 гъэм щIыналъэм и герб, нып, гимн зэрызэдгъэпэщар.
ПсэупIэм ехьэлIа прог­рам­мэм ипкъ иткIэ, кхъахэ хъуа унэ 30-м унагъуэ 85-рэ къы­щIэдгъэIэпхъукIащ, къат куэду зэтет унэ 16 зэдгъэ­пэщыжащ, Дзэлы­къуэ­къуажэмрэ Приречнэмрэ дэт, къат куэду зэ­- тет уни 5-мрэ зы зэхуэ­сы­пIэмрэ къедза щIыпIэхэр зыхуей хуэдгъэзащ. Сабий зеиншэхэм папщIэ фэтэ- ри 6-у зэхэт унэ духуащ, ­метр зэбгъузэнатIэ 219,7-рэ и инагъыу. Фельдшер-акушер пункту 8, физкульту­-рэ-узыншагъэр щызэфIа­гъэувэж IуэхущIапIэу щы (иджыри зы яухуэ), щэнхабзэмкIэ унэу тIу (зыр зэрагъэпэщыжауэ аращ), зы сабий гъэсапIэ къызэIутхащ. Абы къищынэмы­щIауэ, спортым хухэха ­утыкухэр къызэдгъэпэщащ, къэ­­дгъэ­щIэ­рэ­щIэ­жащ ­ед­жа­­пIэхэм я спорт пэш­хэр. Дзэ­лыкъуэкъуа- жэ дэт «Юность» стадионыр сыт и лъэ­ныкъуэкIи зыхуей хуэ­дгъэзэжащ, рай­он сы­маджэщым и гинекологие къу­дамэр зэдгъэ­пэ­щыжащ. 
Белокаменкэ, Дзэлы­къуэ­дэс, Шордакъ, Малкэ, Дженал, Светловодское, Сэрмакъ, Приречнэ жы­лэ­хэм газыр кIуэным сом мел­уан 13 тедгъэкIуэдащ. Псым ехьэлIауэ жыпIэмэ, ди хэгъэгум щынэхъ ин дыдэ проектым  Дзэлыкъуэ псы зэрикIуэ бжьамийм - и зы Iы­хьэр лажьэу зэтедухащ, иджы етIуанэри программэм хэдгъэхьэну ди мурадщ. А проектым сом мелард 1,5-рэ и уасэщ, ар лажьэу зэтедухуэмэ, рай­оным и къуажэ 14-м псы ­къабзэ яIэрыхьэнущ. 
Светловодскэмрэ Шордакъымрэ дэж псыхэм лъэ­мыж тетлъхьащ, апхуэдэуи Чыщбалъкъ псым и лъэ­­мыжри ттащ. Урысей Ип­щэм щынэхъ ин дыдэ проектри дгъэзэщIауэ жыпIэ хъунущ - «Кисловодск - Долина Нарзанов - Джилы-Су». Гъуэгу зыбжанэ зэдгъэпэщыжащ, мы гъэми а Iуэхум къыпытщэнущ. 
Ди администрацэм гулъытэ хэха зыхуищIхэм ящыщщ щIалэгъуалэм я жэр­дэмыр ядэIыгъыныр. ЕджэнымкIэ, спортымкIэ ехъу­­лIэныгъэ зиIэхэр, еджа­­пIэр дыщэ медалкIэ къэзыухахэр, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэ щы­хъуахэр, ЕГЭ-р фIыуэ зы­тахэр гъэгушхуэныр иужь­рей илъэсхэм хабзэфI тхуэхъуащ. Апхуэдэ дыдэу гулъытэ хэха яхудощI зи ныбжь хэкIуэта ди нэхъыжьыфIхэми. 
Къуажэхэм щызэхэтщ ­нэхъыжьхэм, бзылъхугъэ­хэм, щIалэгъуалэм я зэгу­хьэ­ныгъэхэр, абыхэм цIыху 800 къызэщIаубыдэ. ­Ид­жыб­лагъэ жылагъуэ ­палати къызэдгъэпэщащ, апх­уэ­дэ жылагъуэ институтхэр властым и щIэгъэ­къуэнышхуэщ Iуэхухэр зэ­­фIэхынымкIэ. 
- ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм теухуауэ сыткIэ захуэбгъэзэнт уи лэжьэгъухэм? 
 - НобэкIэ щIыпIэ само­управленэр цIыхум нэхъ пэгъунэгъу власть къудамэщ, абы ипкъ иткIэ, япэу зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхухэм ахэращ нэхъ щыгъуазэр. Жы­лагъуэр зыхуэныкъуэ­хэр зэфIэгъэкIыным и къарури, щIэныгъэри, Iэза­гъри ирехьэлIэ мы лэжьыгъэм пэрыт дэтхэнэми. 
Псоми сехъуэхъуну сы­хуейщ я IэнатIэм ехъу­лIэныгъэ щаIэну, цIыхубэм пщIэ къыхуащIу, я акъы­лымрэ шыIэныгъэмрэ яхурикъуу куэдрэ лэжьэну, къэ­ралым, республикэм хуэщхьэпэн IуэхуфI куэд къадэхъуну. 

Дзэлыкъуэ районым и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.

Епсэлъар Щокъуий Аминэщ,

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.