Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Н. П. щэбэт кIуам зэIущIэ щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.

Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай, УФ-м и Президентым   и полномочнэ лIыкIуэу     КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщI­хэр, къэралым и министерствэ, ведомствэ щхьэхуэ­хэм я лIыкIуэхэр щIыгъуу, мэлы­жьы­хьым и 19-м Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексым хыхьэ IэнатIэхэм энергие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теу­хуа Iуэхухэр щызэпкъраха зэIущIэ.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэ­лъыхьащ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэм къы­щагъэсэбэп Iэмэ­псымэ­хэр жьы дыдэ зэрыхъуам, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ­щыным хуэгъэпса хабзэхэм зэребакъуэм, электрокъарурэ газу ахэр зэры­кIуэ кIапсэхэмрэ бжьамийхэмрэ щыкIуэдыр мардэм куэдкIэ зэребэкIым, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я энергетикэ IэнатIэхэм щIэпхъаджагъэ куэд зэрыщыщалэжьым, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IуэхущIапIэхэмрэ цIыхухэмрэ энергоресурсу къагъэсэбэпам пэ­кIуэ ахъшэр ямыту зэрызэтрихьэм. Гулъытэ хэха хуащIащ энергоресурсхэр хабзэр къызэпауду къэзыгъэсэбэпхэм япэ­щIэ­тыным хуэунэтIауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм, апхуэдэуи къэрал бжьа­мийхэм, ток зэ­рыкIуэ кIап­сэ­хэм зы­пызыдзэурэ ахэр къэ­зы­дыгъу щIэпхъаджащIэ гупхэм зэхащIы­хь­хэр къызэпыудыным.
А псом къадэкIуэу тепсэлъыхьащ жыла­гъуэ-­политикэ щыты­кIэр зэIызыгъэхьэну хущIэкъухэм я IуэхущIафэхэр къызэ­пыу­дыным хуэунэтIауэ щы­Iэ Iэмалхэм.

 

УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритам ипкъ иткIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.