Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэпщытэныгъэхэм хуэхьэзыру къелъытэ

Махуэку кIуам Налшык щызэхэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ­кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., Егъэджэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэ­лъып­лъынымкIэ федеральнэ къулыкъу-щIапIэм и унафэщI Кравцов С. С. сымэ зы­хэта республикэ зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Зыуэ щыт къэрал экзаменыр ­егъэ­кIуэкIыным Къэбэрдей-Балъкъэ­- рым и зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэр зэры­хуэ­хьэ­зыр щIыкIэм.

КIуэкIуэ Казбекрэ Кравцов Сергейрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и лIыкIуэхэу абы щIыгъу IэщIагъэлI­хэмрэ фIыщIэ яхуищIащ экзаменыр егъэ­кIуэкIыным сыт щыгъуи гулъытэшхуэ зэ­ры­хуащIым папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къигъэуващ кIэух аттестацэр абыхэм ехьэлIауэ щы­Iэ мардэхэм тету, зэIухауэ, нэфI-ней хамылъхьэу къызэрагъэпэщыну.
ЕГЭ-м кърикIуэхэм, къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек, наIуэ къащIынущ егъэджэныгъэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэу иIэ щIыпIэхэр икIи республикэм и школхэм защIэгъэкъуэным теухуа программэми лъабжьэ хуэхъунущ: «Дэ ди мурадщ Зыуэ щыт къэрал экзаменым кърикIуахэр зэпэтлъы­тыжыну, еджакIуэхэм ягъуэт щIэныгъэм дяпэкIэ хэдгъэхъуэн щхьэкIэ, а Iуэхум зэдгъэзэхуэжыпхъэу хэлъхэр наIуэ къэтщIын, зыхуэфащэ унафэ тэмэмхэри къэтщтэн ­папщIэ. Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм захузогъазэ абы теухуауэ ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэм епсэлъылIэну. Псори дызэдевгъэгугъу еджапIэхэр къэ­зыух­хэр щыдмыгъэуэным, щыIэ хабзэхэр, мардэхэр къызэпаудыным ахэр едмыгъэувэлIэным».
«Рособрнадзор»-м и унафэщI Кравцов Сергей Къэбэрдей-Балъкъэрыр 2019 гъэ ЕГЭ-м хуэхьэзыру къилъытащ: «УпщIэ зыри къы­хэ­кIыркъым, дэтхэнэри хабзэм тетмэ, егъэ­джэ­ныгъэм и фIагъым хэхъуэмэ, са­бийхэм­рэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ псори захуагъэм зэрытетыр, псоми зэхуэдэ Iэмалхэр зэраIэр къагурыIуэмэ. Абы къегъэлъагъуэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми, щIыпIэхэм щыIэ къызэгъэпэщакIуэхэм, техникэ IэщIагъэлI­хэм, жэуаплы­ныгъэу тхэлъыр зыхуэдизыр. Къэпщытэ­ныгъэм зыхуэгъэхьэзы­ры­ныр накъыгъэм и 14-м и пэ къихуэу зэфIэгъэкIын хуейщ. Дэ республикэм щIэгъэ­къуэн дыхуэхъунущ зы­хуэ­ныкъуэ методикэ, къызэгъэ­пэщыныгъэ Iуэху я лъэныкъуэкIэ».
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхухэм теухуа­уэ абы къыщыпсэлъащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Музаев А. А., Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэлъып­лъы­нымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм къэ­рал кIэух аттестацэр къызэгъэпэ­щы­ным­рэ ар егъэкIуэкIынымкIэ и управленэм и уна­фэщI Круглинский И. К., КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу I. М. сымэ.
Зыуэ щыт къэрал экзаменыр мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щатынущ школхэм я еджакIуэ 4800-м щIигъум.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.