Дызэрызэмыщхьым дызэкъуигъэувэу

Бахъсэн къалэм дэт  6-нэ курыт еджапIэм мэлыжьы­хьым и 15-м щекIуэкIащ Iуэхугъуэ дахэ. «Культур много - Россия одна» зыфIаща лъэпкъ фестивалым кърихьэлIат ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, къулыкъущIэхэр, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм я лIыкIуэхэр. 
 Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, гуапагъэм, зэгурыIуэныгъэм я щапхъэ егъэлъагъуэ лъэпкъи 10-м къыхэкIа ныбжьыщIэхэр зыщIэс мы еджапIэм. Адыгэ, урыс, балъкъэр, осетин, шэшэн, дагъыстэн, адыгей, куржы, цыджан, узбек сабийхэр щеджэ школым игъэхьэзыра, иригъэкIуэкIа фестивалыр гъэщIэгъуэну зэхэлът. Щхьэж и лъэпкъ ныпыр иIыгъыу, лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ, лъэпкъ макъамэр къеуэу утыку къихьа еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ ягъэхьэзыра къафэхэм еплъыну, уэрэдхэм щIэдэIуну зыкърагъэхьэлIат Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэу Къардэн ФатIимэрэ Джатэ Ильясрэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ КIагуэ Iэминат, Шэшэн Республикэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. 
- Мы фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, - жи­Iащ Мамхэгъым. - Псоми дощIэ Урысей Федерацэм лъэпкъ куэд зэрыщыпсэур. Тхыдэм дызытригъэува лъагъуэм илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ дытемыкIауэ дыкъогъуэгурыкIуэ. Дэ дызэгурымыIуэмэ, дызэрымыIыгъмэ, къэралыр щэщэжынущ. Дызэрыкуэдырщ дызыгъэдахэри. Щхьэж и лъэпкъ тхыдэр щымыгъупщэу, и щэнхабзэр IэщIыб имыщIу, и бзэмрэ и хабзэрэ IэщIэмыхуу дыпсэуфынущ. Ар къызыгурыIуэ псоми фIыщIэ фхузощI. 
 Фестивалыр ягъэдэхащ мы школым щеджа, уэрэ­джы­IакIуэ цIэрыIуэ Мэремыкъуэ Резуан, «Бахъсэн ауз» къэфакIуэ гупым, Лосэн Тимур зи унафэщI «Бзэрабзэ» гупым. 
 АдэкIэ дэтхэнэ лъэпкъми игъэхьэзыра пщIантIэр ягъэлъэгъуащ, я шхыныгъуэхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр щыIэу. ГуфIэгъуэ зэIущIэм къекIуэлIахэм я нэгу щIэкIа псори ягъэщIагъуэу махуэр екIуэкIащ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж