Дахагъэр щытепщэ щIыпIэ

Кърымым и фIыгъуэ нэ­хъыщ­хьэ Никитскэ хадэш­хуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, щокIуэкI «Парад тюльпанов» зы­фIаща Iуэху дахэр.
 Агрономхэм къэлэр дадийуэ (тюльпан) мини 100 хасащ. Ахэр зэуэ къызэдэгъэгъэнукъым: ­гъа­т­хэпэм и кухэм япэхэр къэгъэгъащ, иужьрей дыдэхэм я дахагъэр щагъэлъэгъуэнур накъыгъэ мазэм и япэ махуипщIырщ. 
 Къэлэр лIэужьыгъуэу 506-рэ яIэщ, хамэ къэрал къыщагъэкIахэри ди агрономхэр зэлэжьахэри хэту. КIэщIу жыпIэнумэ, дуней псом къэлэр дадийуэ щыIэм я нэхъ дахэхэр мыбы гъатхэпэ – накъыгъэ мазэхэм щалъагъунущ мы Iуэхум зыкърезыгъэ­хьэлIэнухэм. Ахэр мащIэкъым: гъатхэр къахуэмыгъэсу абы пэп­лъэхэр куэдыкIейщ.
 Къэлэр дадийхэр хасэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, гъэ къэс зэрахъуэкI абыхэм къагъэщIыну теплъэгъуэр. Мы гъэм ахэр ды­щэджэд абрагъуитIщ, лъэны­къуэ зыры­зым­кIэ плъэуэ.
 ЦIыхухэм гупсэхугъуэ щагъуэт щIыпIэм гъэм и кIыхьагъкIэ щопэкIу сурэтыщIхэр. Абыхэм мы хадэшхуэм щалъагъу дахагъэр къызытещ сурэтхэр щащэ Ялтэ и уэрам нэхъыщхьэхэм.
 Сэ ситащ мы хадэ гъуэзэджэми, жысIэфынущ ар егъэлеяуэ зэ­рыгъэщIэгъуэныр. Дуней псо­м абы къыпэхъун щыIэкъым, щIы­уэ иубыдымкIи, жыгрэ удзу итымкIи, а псом елэжь щIэныгъэлIхэмкIи.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.