Япэ лъэбакъуэхэр зычахэр

Ди республикэм футболым зыщиужьын щIидзащ къэралым и чемпионатым щыджэгуну Налшык и «Спартак» командэр 1959 гъэм къызэрагъэпэща и ужь­кIэ. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къы­щыщIидзэри, абы ехъулIэ­ныгъэ инхэр иIащ. Къапщ­тэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион ­хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ. ГуфIэгъуэшхуэ къыт­хуихьащ 2005 гъэм - япэ дивизионым ­етIуанэ увыпIэр щиубыдри, зэи къэ­мыхъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ ­нэхъыщхьэр премьер-ли­гэм кIуащ икIи абы щыхэта япэ илъэсым еб­гъуанэ хъуащ. Урысей Феде­рацэм фут­болымкIэ и гуп ­нэхъыфI пщыкIухым «Спар­так-Налшыкыр» илъэсихрэ ны­къуэ­кIэ хэ­тащ икIи дэ­рэжэгъуэ ин къыдитащ. 
 БлэкIа зэманым къриу­быдэу ди республикэм и командэ нэхъыщхьэм и цIэр зыбжанэрэ ихъуэжащ. Къы­зэры­хэд­гъэ­щащи, Налшык и «Спартак»-у ар къе­жьащ. 1969-1972 гъэхэм «Авто­мо­би­лист»-у утыку итащ. Иужь­кIэ зытетам техьэжри, илъэсищкIэ ар зэрихьауэ «Эльбрус» фIащащ. Наурзокъуэ Юрэ и тренер нэхъыщхьэу щыщыта 1976 гъэм и закъуэщ Европэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм и жьауэм щIэту ди командэр зэхьэзэхуэм зэрыхэтар. КъыкIэлъыкIуэ илъэ­сым, аргуэрыжьти, «Спар­так»-м те­хьэжащ. Iэма­лыншагъэ­кIэ и цIэр иужьу ихъуэжын хуей щыхъуар премьер-лигэм щыхыхьа 2006 гъэращ. Мэзкуудэсхэм къалъытащ, езы­хэм я «Спартак» футбол ­командэм фIэкIа, нэгъуэщIым ап­хуэ­дэу еджэу къэралым щы­щыIэ мыхъуну.  Дыдейхэри куэдрэ ныкъуэкъуа­къым - гупым и фIэщыгъэцIэм республикэм и ­къа­лащхьэм зэ­реджэр ды­щIагъури, «Спартак-Налшык» зыфIащыжащ. Нобэр къыздэсми абы тетщ.
 Илъэс 60 гъуэгуанэр кIэщI­къым. А зэманым ­къриубыдэу къэрал псом я цIэр фIыкIэ щыIуащ адыгэ футболист щIалэхэу Iэпщэ Александр, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгухэ Викторрэ Къазбэчрэ, КIурашын   Олег, Гъубж Вячеслав, Нау­рыз Басир, Хьэпэ Заур, нэ­гъуэщI куэдми. 
 Зэи къэмыхъуауэ, Совет Союзым щекIуэкI зэхьэ­зэхуэм хыхьэну 1959 гъэм ди республикэм Iэмал къыщ­ратым зэ­хуашэса Налшык и «Спартак»-м ди лъэп­къэгъухэм ящыщу ­Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Алий Руслан сымэ ирагъэблэгъащ. Ахэращ адыгэхэм топджэгум щагъэтIылъа лъабжьэм и къежьапIэ хъуар.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.