ЩIыналъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Золотой козерог-2019» мылылъэ бгыхэм дэкIынымкIэ къэралпсо чемпионат. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ къалихым, Дон Iус Ростов, Мэзкуу щыщ спортсмен 36-рэ. 
 Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIэныгъэ-спорт центрымрэ «Къэрэшей-Шэрджэсым туризмэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъу центр» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ. Зэпеуэхэр щекIуэкIащ Домбай псыкъелъэ щтахэмрэ Тырныауз къалэм пэмыжыжьэ «Тютю-Су» ледодромым и лъагъуэхэмрэ. 
 Чемпионатыр щагъэхьэзыр, щрагъэкIуэкI лъэхъэнэхэм гукъыдэж зиIэ псоми мылым зэрыдэкIыну Iэмалхэм ­ятеухуа мастер-классхэр драгъэкIуэкIащ. 
 Судья нэхъыщхьэ Гребенюк Александр зэрыжиIамкIэ, чемпионатым и къалэн нэхъыщхьэу щытыр альпинистхэмрэ мылылъэ бгыхэм дэкIхэмрэ я спорт Iэзагъым хэгъэхъуэнырщ, спортсмен нэхъ лъэщхэр наIуэ щIынырщ. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэхэр сэбэп хуохъу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ Iуным, турист Iэмалхэр гъэкIуэтэным, ­КИФЩI-м бгы спорт лIэужьыгъуэхэмрэ туризмэмрэ зыщегъэужьыным. 
Чемпионатым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIамхэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ иратащ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)