НэхъыфIхэр ягъэбелджылыБахъсэн районым и администрацэм иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыпIэ администрацэхэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымрэ спортымкIэ я къудамэхэм зэфIах лэжьыгъэхэм щыхэплъэ зэIущIэ. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Чылар Аринэ. Зэхуэсым хэтащ районым хиубыдэ жылэ псоми я лIыкIуэхэр. КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм доклад щищIащ щIыпIэ администрацэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и пашэ Гъут Резуан. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, щIалэгъуалэм щIыпIэм щадолажьэ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, зи щIалэгъуэхэр волонтёр зэщIэхъееныгъэм хэшэным, IэщIагъэ къыхахынымкIэ чэнджэщхэр етыным, спортым, творчествэм дегъэхьэхыным, лъэпкъпсо, унагъуэ лъапIэныгъэр къегъэлъытэным, нэгъуэщIхэми епха лэжьыгъэхэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|