Статьи на кабардинском языке

Щхьэхыр узыфэщ

Щхьэхынэхэр бампIэ­гъуэщ: зралъэфыхьу, гукъыдэмыжу, щылъу, щысу, я Iэр къаIэтын къайхьэ­лъэкI нэхъей. Ахэр ягъэу­кIытэн я гугъэу дзы фIащ е ягъэгушхуэ. Ауэ куэдым ящIэркъым щхьэхыр къы­зыхэкIымрэ ар зищIы­сым­рэ.

МафIэсым ирижьыкIа хытIыгу

Гавайи хытIыгухэм ящыщу Мауи къыщыхъуа мафIэс шынагъуэм цIыхушхуэ хэкIуэдащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, ауэ нобэкIэ 122-ращ зи хьэдэ къагъуэтыжар. 

ПланетэщIэм щытлъэгъуахэр

(Псысэ) 
Гъуэгуанэ жыжьэм и ублапIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Си хэкуэгъу лъапIэхэ! Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу! Нобэ пщIэ хэха худощI ди къэралым гербымрэ гимнымрэ я гъусэу къэралыгъуэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я дамыгъэ нэхъыщхьэу щыт и ныпым.

Псыкъелъэ 33-р

ШахэкIеишхуэ (Большой Кичмай) жэнэт щIыналъэщ. Езыр адыгэ къуажэ мыинщ. Псыкъелъэ 33-р здэщыIэ Джэгуэш щIыпIэр абы хеубыдэ. Абы машинэкIэ уIуашэри, метр щэныкъуэ нэхъ умыкIуауэ къат куэду зэтет фIэкIа умыщIэну псыкъелъэ мылъагэхэм уаIуоплъэ, зым и щхьэм адрейр къытету.

Япэ зэхыхьэгъуэр яухащ

Мы махуэхэм Псыхуабэ щрагъэжьэжащ «Мэшы­къуэ-2023» зэхыхьэм хэта япэ гупыр. А Iуэхум зыкъ­ра­гъэ­хьэлIат УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Бондаренкэ Еле­нэр­э Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ, щIыналъэм финансхэмкIэ и министр Калинченкэ Ларисэрэ.

МардэщIэхэм тоувэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр щыкуэдщ ди гъащIэм. Апхуэ­дэу мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мардэ­щIэхэм тоувэ къэралым щы­лажьэ спорт школхэр. Ахэр егъэджэныгъэ щы­зэфIах Iуэ­хущIапIэхэм хуагъэдэнущ, сабийхэм ядэлажьэ гъэ­сакIуэхэр, тренерхэр педагогикэ IэщIагъэлIу къалъытэнущ. А Iуэхугъуэ­щIэхэм ятеухуауэ федеральнэ хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр иджыб­лагъэ хэIущIыIу ящIащ.

Сабий къезышэкIхэр сакъын папщIэ

Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжыным ирихьэлIэу автоинспекторхэм, КИФЩI-м щыIэ «Роспотребнадзор»-м и МТУ-м, КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм, щIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэмрэ еджапIэхэм я унафэщIхэмрэ ящIыгъуу къапщытащ школ автобусхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке