Статьи на кабардинском языке

УсакIуэшхуэм и фэеплъ

Бахъсэн къалэм и щэнхабзэ зыгъэпсэхупIэ паркым бадзэуэгъуэм и 27-м къы­щызэIуахащ урыс усакIуэ, тхакIуэ цIэ­рыIуэ  Лермонтов Михаил и фэеплъ. Лэ­жьыгъэр и Iэдакъэ къы­щIэкIащ КъБР-м и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, скульптор Катони Станислав. Фэеплъыр и жэрдэмщ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мам­хэгъ Хьэчим. 

СЫТ IЭПХЪУАМБЭХЭМ КЪАРЫКIЫР?

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр телъыджэу зэхэлъщ. Iэпхъуамбэхэм я гугъу тщIымэ, абы теухуауэ къахутахэри гъэщIэгъуэнщ. Iэпкълъэпкъым щыщу Iэпхъуамбэхэр нэхъ зыгуэр зыхэзыщIэхэм ящыщщ. 
Лъыр къыщапщытэнум деж, зэрытщIэщи, ар къыхаш Iэпхъуамбэ цIэншэм. А Iэпхъумбэм и фэр мыдрейхэм ейм нэхърэ нэхъ пIащIэщ, цIыхум IэкIэ ищIэ лэжьыгъэм апхуэдэу куэдрэ хэлэжьыхьыркъыми. Аращ и щхьэусыгъуэр. 

ЗэхущытыкIэ дахэр езыгъэфIакIуэ

Хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэмрэ Урысей Феде­ра­цэм и щIыналъэхэм щып­сэухэмрэ я щIалэгъуалэм папщIэ Налшык къалэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ зы­гъэп­сэхупIэр къызэIуахащ. Ар бадзэуэгъуэм и 28-м къыщы­щIэдзауэ шыщхьэуIум и 5 пщIондэ лэжьэнущ. 

Зауэми гуауэми пэщIэтыфа унагъуэ

1998 гъэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэIум и 1-м адыгэхэм догъэ­лъапIэ зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр. А илъэсрат Косовэ къыщыхъея зауэм зэхэзехуэн ищIа ди лъэпкъэгъухэр Адыгэ ­Республикэм, я адэжь Хэкум, къыщашэжауэ щытар.

Гулъытэ хуащI

Илъэс куэд хъуащи, хабзэ­фIым тету, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм ирихьэлIэу, Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм и Адыгэ Хасэм Iуэху дахэхэр къызэрегъэпэщ зи адэжь щIыналъэм къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр къыхашэу.

НЭХЪРИ ИРАГЪЭФIАКIУЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус (Iуащхьэмахуэкъуэ) щIыналъэм хыхьэ щIыпIищым гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ.

«ХЭКУ-АНЭР КЪОДЖЭ» ФЭЕПЛЪЫР

«Хэку-анэр къоджэ» фэеплъыр Волгоград Мамаевым и Iуащхьэм щыIэ «Сталинград и лIыхъужьхэм» фэеплъ-ассамблеем я нэхъыщхьэщ. Фэеплъым и теплъэр къигупсысащ скульптор-монументалист Вучетич Евгений. Зыухуар совет архитектор Никитин Николайщ.

ПШАХЪУЭ БЫДАПIЭ АБРАГЪУЭХЭР

Пшахъуэ быдапIэхэр яухуэну яфIэфIщ цIыкIухэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар балигъ куэди зыдихьэх Iуэхугъуэщ. Пшыхъуэм ухуэныгъэшхуэхэр къыхэпщIыкIыным зэмани, шыIэныгъи, къаруи токIуадэ. Дуней псом пшахъуэ быдапIэу щащIахэм я нэхъ абрагъуэхэм девгъэплъыт. 

ДЫКЪЭЗЫУХЪУРЕИХЬ ДУНЕЙМРЭ ДЭРЭ

Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ я зэпыщIэныгъэм спортым зиужьынымкIэ сэбэпынагъышхуэ иIэщ. Къэтщтэнщ ди къуршхэмрэ бгырысхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм кърикIуэу тлъагъухэр. Къуршхэм, бгы лъапэхэм щыпсэу цIыхухэр а щIыпIэхэм йосэ, щIыIэхэми жьапщэхэми япсыхьри, бэшэч мэхъухэр. Ахэр хуэм-хуэмурэ тогушхуэ къыр задэхэм, къуршыщхьэхэм я лъэр нахусыным.

АДЫГЭ ХАБЗЭМ ЩЫЩЩ

Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ цIыхубз гуэр щыту елъагъу. Сыту пIэрэ ищIэнур? ЛIыжьым и Iэ ижьымкIэ иIыгъ башыр Iэ сэмэгум ихьынурэ, блэкIынущ, жеIэ Адыгэ Хабзэм: бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын хуейщ, баш хуэбгъэдалъэу ублэкIыныр емыкIушхуэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке