Статьи на кабардинском языке

КъэкIуэнур зэлъыта щIалэгъуалэ

Дэтхэнэ къэралми и къэкIуэнур зэры­хъунур куэдкIэ елъытащ абы къихъуэ щIэблэм яхэлъ гъэсэныгъэм, ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къып­хуэгъэшыжынукъым», - жеIэ лъэпкъ ­псалъэжьым. Ар фIыуэ къагурыIуэу, иужь­­рей зэманым ди къэралми респуб-ликэми жыджэру щрагъэкIуэкI къытщIэхъуэ щIэблэр екIуу гъэсэныр зи купщIэ нэхъыщхьэ лэжьыгъэхэр.

«УЭ УПАГЭМЭ, СЭ СЫЕРЫШКЪЭ?!»

1972 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м «Кабардинка»-м и къэфакIуэхэм япэ лъэбакъуэхэр щачат Австралием. Я япэ концертыр щатынур а къэралым и къалэ нэхъ инхэм, нэхъыфIу зызыужьахэм ящыщ Тасманиерт (Лончестон). 

Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу

Адэжьхэм фIыгъуэ ину къытхуагъэна ди Хэку-анэм и лъапIагъыр нэсу къы­щыбгурыIуэр абы, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, пэIэщIэ ухъуа нэужьщ. ЩыIэкъым yщaлъхуa Xэкум xуэбгъадэ хъун сыт хуэдэ щIыналъи. Къызэрысщы­хъумкIэ, адыгэхэр абы хуабжьу дыхуэнэхъуеиншэщ, Xэкум худиIэ лъагъуныгъэр, анэдэлъхубзэм хуэдэ дыдэу, къыд­далъхури.

ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым

Метеорологхэм я дуней-псо зэгухьэныгъэм хэIущIыIу зэрищIамкIэ, дызы­хуэкIуэ илъэ­ситхум 2023 - 2027 гъэ­хэм - дунейм и   щы­тыкIэм кIэ­лъыплъын зэ­ры­щIидзэрэ къэ­мы­хъуа­уэ, егъэлеяуэ хуа­бэу щытынущ.

Чехов Антон Нартсанэ зэрыщыIар

Урыс тхакIуэхэм куэд яхэт къыщIэкIынкъым пIалъэ гуэр Кавказым щримы­хьэкIауэ. Дыз­эры­щы­мы­гъуазэм къыхэкIкIэ, иджы­ри къэс абыхэм яхэдбжэу щытакъым Чехов Антон. Къы­зэрыщIэкIымкIэ, драматург цIэрыIуэр мызэ-мы­тIэу Кисловодск (Нартсанэ) щыхьэщIащ. Илъэ­гъуахэр къызэрыщыхъуар и ныбжьэгъухэмрэ Iыхь­лы­хэмрэ яхуигъэхьа тхы­гъэ­хэм къыхощыж. 

НЭХЪРИ ИРАГЪЭФIАКIУЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус (Iуащхьэмахуэкъуэ) щIыналъэм хыхьэ щIыпIищым гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ.

Адэжь щIыналъэм хуэдэ щыIэкъым

- Адэжь щIыналъэм ди лъэ къызэритхьэжрэ, ди къуэш-шып­хъу­­хэр къызэрытхуэныкъуар зыхыдагъащIэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэр мащIэщи, зэрыIыгъщ, дэри къытхуэгузавэу зыкъытщIагъакъуэ - ди ныбэр ныкъуэнкIэ, щIыIэм дисынкIэ, дэIэпыкъуэгъуншэу дыкъэнэнкIэ ды­шынэркъым. Ауэ, адэ-анэ псоми хуэдэу, ди сабийхэм я къэ­кIуэнум дыщIэмыгупсысуи хъуркъым, - жеIэ зэкъуэш Мэхъуш­хэм ящыщ Хьэрун. 

Урысыбзэр езыгъэджхэм я дунейпсо зэхуэс

Санкт-Петербург дэт къэрал университетымрэ УрысыбзэмкIэ езыгъаджэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэмрэ фокIадэм и 13 - 15-хэм ирагъэкIуэкIынущ «Дуней зызыхъуэ­жым урысыбзэм щиIыгъ увыпIэр» зыфIаща XV конг­рессыр. ФилологиемкIэ щIэныгъэлIхэр, урысыбзэмкIэ егъэджа­кIуэ­хэмрэ методистхэмрэ хэтынущ иджы 15-нэу зэхыхьэну зэIущIэшхуэм. 

Зэрагъэхъужым арэзы къещI

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм РадиологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ центрым и лIыкIуэхэр. Абыхэм зрагъэлъэгъуащ республикэм и ­медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр зыхуэдэми зыщагъэгъуэзащ. 

Гъавэр Iуахыж

Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэш хозяйствэхэм мы гъэм бжьыхьэсэ гуэдзу гектар мини 3,5-рэ зэрахьащ. Абы щыщу гектар минрэ ныкъуэм нэблагъэр къахыжащ. Райо­ным мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и IуэхущIапIэмрэ губгъуэ лэжьыгъэхэм сыт щыгъуи зи нэIэ тет Ныр Iэуесрэ дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, зы гектарым хуэзэу центнер 50 - 55-рэ къытрах.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке