Статьи на кабардинском языке

Бланэ щалъху йокIуэлIэж

Уи лIакъуэм къикIуа гъуэгуанэм, укъы­зыхэкIа лъэпкъым и къежьапIэм, уи уна­гъуэр къызытехъукIам хэпщIыкIыныр, нэхъыщхьэжыр аращи, ар къэпхутэныр уасэ зимыIэ гуащIэщ, ар ипэкIэ узэрыплъэм, къыпкIэлъыкIуэну щIэблэм узэрегупсы­-сым и нэщэнэщ.

Щэнхабзэмрэ спортымрэ я зэхыхьэ ин

Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ спортымкIэ фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри хэтащ.

Адыгей кхъуейм и махуэшхуэ

Тхьэмахуэ блэкIам и щэбэтым яублэри, Адыгэ Республикэм и Мейкъуапэ районым хыхьэ Дахъуэ кIейм махуитIкIэ щызэхэтащ Адыгей кхъуейм и щIыналъэ­псо фестивалышхуэ. Унэкхъэжь бгылъэ щIыпIэм пэмыжыжьэу къызэрагъэпэща а лъэпкъ, щэнхабзэ, хьэрычэтыщIэ зэхуэс иныр иджы 12-нэу щрагъэкIуэкI гъунэгъу адыгэ щIыналъэм.

«ПУШКИНЫМ И КАРТЭР» МЭЛАЖЬЭ

Зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, «Пушкиным и картэр» зыIыгъхэм я бжыгъэр цIыху мелуаниблым щIигъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, ди щIыналъэ щIалэгъуалэм ящыщу апхуэдэ картэр цIыху 44045-м яIэщ. Абы къызэщIеубыдэ зи ныбжьыр илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-м нэс ныбжьыщIэхэр, икIи, къыхэгъэщын хуейщ, абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ ДЕЖКIЭ IЭМАЛЫФI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яIущIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтхэм. Зэхуэсым щагъэбелджылащ гулъытэ зыхуащIыпхъэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Херсон областымрэ я зэпыщIэныгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и пщэрылъхэр ягъэзащIэкIэрэ, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэху дахэ Херсон областым къы­щызэрагъэпэщащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм ди щIыналъэм и лIыкIуэхэр хэтащ. 

Хэт и хъупIэхэр нэхъыфI?

Дуней щытыкIэ зызыхъуэжам къыдэкIуащ бжьыхьэ кIыхьыр. Псом хуэмыдэу ар сэбэп къахуэхъуащ гъэ­махуэ псор хъупIэхэм щызыгъакIуэ ди Iэщыхъуэхэм.

ГЪУЭГУ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМ ПАЩЭ

Шэджэм щIыналъэм

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2023 гъэм зэлэжьыну объект нэхъ инхэм ящыщу мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж Шэджэм ЕтIуанэрэ Булунгурэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур. Абы и кIыхьагъщ километр 27-рэ икIи лэжьыгъэр IыхьитIу гуэшащ.

ИПКIУТ ИЗ ХЪУЖРЭ?

Дунейм щикъухьа адыгэхэм лIэщIыгъуэ хьэлъэ къызэранэкIахэм ямылъытауэ адрей лъэпкъхэм яхэмыкIухьыжу къызэрызэтенар ди Хабзэм и фIыщIэщ. Иджы щыхупIэм иува езы Адыгэ Хабзэм лъэпкъым зыщIэдгъэкъуэжыну, къыдэтхыжыну игъуэ хъуащ.

НАРТЫХУР КЪРАХЬЭЛIЭЖ

Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху гъавапхъэу япэ тонн мин 40-р Iуахыжащ. Мы гъэм ар нэхъыбэу щыхащIар Тэрч, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн куейхэрщ - нартыхум республикэм щIыуэ щыхухахам и процент 65-р абыхэм яубыдащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке