Статьи на кабардинском языке

ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ

Прохладнэ районым хыхьэ Янтарнэ къуажэм дэт амбулаторэр зэраухуэрэ иджы япэу зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIыу аращ. КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам медицинэ IуэхущIапIэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэр зэрагъэзащIэм зыщигъэгъуэзащ.

ПСЕЙР

- Псейр дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщокI. 
- И лъабжьэр щIофыкI ар илъэси 10 - 15 ирикъуа нэужь. ЕтIуанэу къищIыж лъабжьэм и лъэхъцхэр бгъуагъкIэ нэхъ зэкIэщIокI, щIым кууущэу хэмыкIэу. Аращ псеишхуэхэр жьы борэнхэм щIращIыкIыфыр. 
- Ику иту псейр мэпсэу илъэси 200 - 300-кIэ. УщрихьэлIэ щыIэщ илъэс 600 зи ныбжьхэми. Швецэм къыщокI илъэс 9500-рэ зи ныбжь псеижьыр. 

ОСЕТИН УСЫГЪЭМ ЩЫЩЩ

ГъэщIэгъуэнщ нэгъуэщI лъэпкъым я усакIуэхэм я гупсысэ тхылъымпIэм зэрахьым укIэлъыплъыну. Сыт зыгъэгузавэр, зыщыгуфIыкIыр, щIэпсэур, ягъафIэр – зыгъэусэр?! Осетин усыгъэм щыщ щIэзджыкIати, хэслъэгъуащ, гугъи, гухэлъ къабзи, цIыху хьэл-щэни, хъуэпсапIи… Сыт мыбы я сатырхэр къызыхахыр?

Мэкъумэш техникэхэр къащэху

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэ зэмылIэужьыгъуэу 171-рэ къащэхуащ. Нэ­гъабэ и иджы хуэдэ зэманым къащэхуауэ щытахэм нэхърэ ар 65-кIэ нэхъыбэщ.

СТРАДИВАРИ И СКРИПКЭ ТЕЛЪЫДЖЭХЭР

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ Страдивари Антонио и гъащIэр триухуат макъамэ Iэмэпсымэ къэгъэщIыным. ИкIи и IэрыкIхэм я фIыгъэкIэ и цIэр жыжьэ Iури, игъащIэкIэ гъуазджэ тхыдэм къыханащ. Илъэс 93-м къриубыдэу скрипкэу, виолончелу, контрабасу, гитарэу, нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэу 1100-рэ ищIащ. IэпщIэлъапщIэм и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу ди зэманым къэсащ 650-м нызэрыхьэсын. Абыхэм я нэхъыбэр скрипкэщ.

И ХЬЭКЪ ЗЫТЕМЫХУЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Хыпс щхъуантIафэр щоIэуэлъауэ

Шэмызокъуэ Заур инструктор пажэщ

«2023 гъэм мафIэсым пэщIэт профилактикэ Iуэхум- кIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еплъыны­-гъэ-зэпеуэр зэфIэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и ПСЧ-хэм ящыщхэр. 

Зэадэзэпхъум я утыку

Къэбэрдей-Балъкъэрым     и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ сурэтыщI зэ­адэзэпхъухэу Турай Рустамрэ Атэлыкъ Мариамрэ я лэ­жьыгъэхэр. 

Шы лъэпкъыфIхэм тесу зэпоуэ

Бахъсэн щIыналъэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» комп­лексым иджыблагъэ щекIуэкIащ гъуэгуанэ кIыхь шым тесу зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэ. Ар теухуауэ щытащ Аникеев Сергей и фэеплъ саугъэтыр къэхьыным. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыщI, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Адыгейм, Дагъыстэным, Мэзкуу, Липецк, Пензэ областхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм я шууейхэр. 

Мыужьыхыж мафIэ

Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ. Лъэхъэнэ къэс езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, абыхэм я зэфIэхыным гугъуехь наIуэхэр япы­щIауэ, ауэ цIыхубэм я щыIэныгъэр зэтеублэным икIи унэтIыным гуэх имыIэу епхауэ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэр, псом хуэмыдэу 1920 - 1930 гъэхэр, жылэм дежкIэ тыншу щытауэ жыпIэфынукъым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке