Статьи на кабардинском языке

ФIАГЪЫМ И ПЩАЛЪЭХЭМ ХУОКIУЭ

Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я шынагъуэншагъэр «Росздравнадзор»-м и жыпхъэ щхьэхуэхэмкIэ къапщытэ.

ГЪЭЩIЭГЪУЭНУ КЪЫЗЭДОЖЭ

Ди зэманым спортым къыхохьэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэщ, туфлъэ лъэдакъэ тету бзылъхугъэхэр зэдэжэныр. Уеблэмэ абыкIэ дунейпсо рекордхэри ягъэувыну хунэсахэщ. Лъэдакъэ лъагэ тет бзылъхугъэхэр зохьэзохуэ, а лъэдакъэр спортым зэран хуэмыхъуу къалъытэу. Спорт лIэужьыгъуэм цIыху куэд зыIэпишэну хунэсащ. Апхуэдэ зэдэжэм и хабзэщ сантиметри 7 мынэхъ лъахъшэ лъэдакъэ утетыныр.

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ. Метеорологхэу Магоно Чожирэ Ву-Ли Чунгрэ уэс налъэхэр зэтепщIыкIыу жаIэ тхыпхъэ 81-уэ. Тхыпхъэхэм я щIыкIэр нэхъыбэу елъытащ температурэм. Псом нэхъ дахэу тхыпхъэ къищIу жаIэ градус 15 щIыIагъ щыщыIэм деж.

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм. Зыгуэрым зэрымыщIэкIэ хьэку дакъэм къытринат псыкIэ зэхэщIа хьэжыгъэр – ар игу къыщыкIыжам хупцIынэр дахэу тэджат. Абдежым къыщыгурыIащ хупцIынэ гъэтэджакIэ гъэжьар зэрыкъэуатым. Пасэрей Мысырым щIакхъуэм пщIэшхуэ щыхуащIырт.

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр. И цIэр дэнэ щIыпIи щызэлъащIысауэ апхуэдэт. «Къэбэрдейм сыщыщщ», жыпIамэ, Гъудэбердт япэу къызыщIэупщIэр хамэ лъэпкъхэр.

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэхьэзэхуэм и иужьрей махуэм бэнакIуэхэр щIэбэнащ медаль комплектитхум.

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ. Жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри.

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ. Я щхьэ Iуэху щхьэкIэ къагъэсэбэпыну цIыхухэм ирата кредитым процент 22,6-кIэ хэхъуащ - сом мелард 48,3-м нэблагъэ.

Бахъсэн куейм и спортсменхэр ягъэлъапIэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мам­хэгъ Хьэчим иджыблагъэ яIущIащ куейм и спорт­сменхэу дызэрыт илъэ­сым спортым ехъулIэныгъэ щызиIахэм, абыхэм я тренерхэм, щIыпIэ спорт еджапIэхэм я унафэщI-хэм. 

ЩIэупщIэ зиIэм уаси егъуэт

ЦIыхур нэхъыбэу зыхуэ­ны­къуэ ерыскъыхэкIхэм я уасэхэм хэхъуэ зэпытщ, Урысей Федерацэм и Пра­вительствэм ахэр зэтриIыгъэну сыт хуэдэу ху-            щIэ­къуми. ЛъапIэ хъур ерыскъым и закъуэу щытами удэкIуэтэнт. Хьэп­шып­хэм, Iэмэпсымэхэм, щыгъы­ным, гъэсыныпхъэм, гъуэ­гуп­­щIэм, унэм, машинэм, ­нэ­­гъуэщI-къинэмыщIхэм - псо­­ми я уасэр, улъэщIыхьэну гугъуу, докIуей. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке