Статьи на кабардинском языке

Бжьыпэр къахь

Кавказым и Кубокыр киокушинкай каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы ­хэтащ илъэси 6 - 17 зи ныбжь спортсмену 350-м щIигъу. 

Жанхэр, гурыхуэхэр, Iущхэр

ЦIыхум и дуней тетыкIэ хъунур нэхъыбэ дыдэу сабиигъуэ зэманым епхауэ къыщIэкIынущ. И гупсысэр зэтеувэн щIедзэ, и хъуреягъым кIэлъоплъ, упщIэрей мэхъу. Дауи, дахагъэ куэду илъагъун хуейщ. ЦIыкIухэм я гъэсэныгъэм теухуауэ ­къа­лэн гугъу ягъэзащIэ сабий садхэм. Иджыблагъэ деп­лъащ ныбжьыщIэхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ я зэпы­щIэ­ныгъэ гуапэр къызыхэщ Iуэхугъуэ.

СЫХЬЭТИ 4-КIЭ УПЩIЭ 67-М ЖЭУАП ЯРИТАЩ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир пресс-конференц-теленэтын занщIэ жыпхъэм иту сыхьэти 4-рэ дакъикъи 4-кIэ цIыхухэм епсэлъащ. А зэманым къриубыдэу къэрал унафэщIым упщIэ 67-м жэуап яритащ.

ФРОНТЫМ IУТХЭМ ЯДЭIЭПЫКЪУНУЩ

Пресс-конфернцэр щекIуэкI пэшым, щхьэж и унэм, лэжьапIэм щIэсу УФ-м и Президент Путин Владимир упщIэ езытахэм яхэтащ фронтым щыIэхэм я видео-зыхуэгъэзэныгъэри.

МАМЫРЫГЪЭ ЩЫЩЫIЭНУР МУРАДХЭР ЗЭДГЪЭХЪУЛIЭМЭЩ

Къэралым ис цIыхухэр псом нэхъыбэу зытегузэвыхьыр Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарщ. Абы теухуауэ Путин Владимир упщIэ иратащ пэшым щIэсхэми, фронтым щыIэхэми, эфир занщIэм тхэхэми. «ИлъэситI блэкIар дауэ екIуэкIа?», «Иджыпсту щытыкIэр сыт хуэдэ?», «ЕхъулIэныгъэ щыIэ?», «Дзэ Iуэху хэхам нэхъапэм и къалэну щытамрэ иджыреймрэ зы?», «Дапщэщ мамырыгъэ щыщыIэнур?».

КЪЭРАЛ ЭКОНОМИКЭМ ЗЕУЖЬ

Сыт щыгъуи Президентым псом япэу зэреупщIыр къэралым и экономикэ щытыкIэрщ. НобэкIэ дрипагэну сыт къэдэхъулIар? Абы и жэуапу Путин Владимир жиIащ къэралкIуэцI валовэ продукцэм и хэхъуэр мы гъэм и кIэм проценти 3,5-кIэ нэхъыбэ зэрыхъунур. 

УРЫСЕЙМ ДЕЖКIЭ НЭХЪЫЩХЬЭР ЩХЬЭХУИТЫНЫГЪЭРЩ

Федеральнэ канал нэхъыщхьэхэмкIэ, социальнэ сетьхэмкIэ екIуэкI теленэтын занщIэмкIэ Президентым къыхурагъэхьа, кърат  упщIэхэм жэуап ярет.  Псоми нобэ жэуап ямыгъуэтми, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Путиным эфир занщIэм щызэпкърихынущ, адрей псори зи къалэнхэм пщэрылъ ящищIынурэ цIыхубэм ягу зыхуэныкъуэхэр ягъэзэкIуэжынущ.   

«ИЛЪЭСЫМ КЪРИКIУАХЭР - ПУТИН ВЛАДИМИР И ГЪУСЭУ»

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и пресс-конференцэ иным щIидзащ.  «Илъэсым кърикIуахэр Путин Владимир и гъусэу» зыфIаща  Iуэхур мы гъэм пресс-конференцэрэ теленэтын занщIэу зэхэтщ.  Мы дакъикъэхэм къэралым и цIыхухэм Президентыр йопсалъэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ: зэIущIэм кърихьэлIа журналистхэм, телевидением и IэмалхэмкIэ зыкъыхуэзыгъазэхэм, социальнэ сетьхэмкIэ къатхэхэм, нэхъ

АБЫ И ВАГЪУЭР ЗЭИ УЖЬЫХЫНУКЪЫМ

Шинкубэ Бэгърат япэ дыдэу сыщыхуэзар 1992 гъэрщ, абы щыгъуэм «Республика Абхазия» газетым сыщылажьэрт. Редакцэм къэпсалъэри, къысхуэзэну зэрыхуейр жиIащ. СощIэж а зэIущIэм сыгузавэу сызэрыкIуар. Москва дэт, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым сыщыщIэтIысхьэм, творческэ зэпеуэм сызэрыпхрыкIар Шинкубэ и «Къуршым и пшыналъэ» усэкIэ гъэпса романым щыщ пычыгъуэ зэздзэкIарщ.

ЩIЭБЛЭ ГЪЭСЭКIЭМ И ЗЫ IЭМАЛ

Театрымрэ киномрэ я актёр, режиссёр, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и художественнэ унафэщI Къанкъул Ислъам зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке