Статьи на кабардинском языке

Жылагъуэ советыр хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм епха хабзэхэр зыхуэдэмрэ ахэр зэ­рырагъэфIакIуэ щIыкIэмрэ.

ЩХЬЭЖ КЪИЛЪЫХЪУЭ IУОЩIЭЖ

ЛIыжь гуэрым щIалэщIэ гъуэгурыкIуэ къыхуэзэри къеупщIащ:
- Мы къалэм япэу сыкъэкIуауэ аращ. КъызжеIэ, сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
- Уэ укъыздикIа къалэм и цIыхухэр сыт хуэдэт? - щIоупщIэж езы лIыжьри.
- Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр щхьэзыфIэфIхэт, бзаджэхэт. Аращ абы сыкъыщIыдэкIари.
- Мыбыи апхуэдэ дыдэхэм ущрихьэлIэнущ, - итащ жэуап лIыжьым.

Илъэсым и тхьэIухуд Хьэбжокъуэ Тамилэ

Музыкэ къэрал театрым дыгъэгъазэм и 12-м ще­кIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023» лъэпкъ зэпеуэр. Абы щытекIуащ «Призвание» медколледжым щеджэ Хьэбжокъуэ Тамилэ. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ уэрэджыIакIуэ Теунэ Джэмалрэ Урыс Миланэрэ.

ЦIЫХУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт, Хэку зауэшхуэм и щIэинхэм я музейм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат Хэкум и ЛIыхъужьым и махуэм.

Журналистхэр ягу къагъэкIыж

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэм, дыгъэгъазэм и 15-м, Урысей гвардием ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Iуащхьэмахуэ куейм хыхьэ Терскол жылагъуэм щыгъуэ пэкIу щрагъэ­кIуэкIащ.

Сэлэтхэм папщIэ

«Сэлэтым деж кIуэ ­письмо» урысейпсо Iуэ­хум хыхьэу, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №33-м щеджэхэм Урысей гвардием и лэ­жьа­кIуэхэу дзэ къалэ­ныр езы­хьэкIхэм письмохэр хуатхащ. 

Ухуэныгъэхэр нагъэблагъэ

Псыхъурей жылэм дэт сабий садым ­«Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал пэхуэ­щIэм хиубыдэу иращIылIэ лэжьыгъэхэр куэд мыщIэу зэфIагъэкIынущ.

ЩIЫНАЛЪЭ ДАХЭ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ – Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке