Статьи на кабардинском языке

ЗЫХУЕЙ ХУАГЪЭЗЭЖ

  Тэрч районым хыхьэ Дей жылэмрэ Прохладнэ щIыналъэм и Красносельскэ къуажэмрэ амбулаторэщIэхэр щаухуэнущ «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» программэмкIэ.

ЗЭПЫЩIЭНЫГЪЭ ЩХЬЭПЭ

Бакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэм щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. КIэлъыплъыныгъэм кърикIуам ипкъ иткIэ, дохутырхэм адэкIэ яубзыху абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр, кардио-хирургие дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр езы центрым ягъакIуэ.

НАРТЫХУ ХЬЭДЗЭ ЗЭМЫФЭГЪУ

Нартыхур къагъэкI илъэс мин бжыгъэ хъуауэ. Абы къыхэкIыу, ар тхыдэ щIэину къэплъытэ хъунущ. Псори десащ нартыхур гъуэжьу е хужьу щытын хуейуэ. АтIэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнщ «Glass Gem» - «Абджыпс хьэдзэ» жыхуаIэр. Абы «лэгъупыкъу нартыхукIэ» еджэуи урихьэлIэнущ. ЛIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр къигъэкIыныр гугъу ехьу зэригъэхъулIащ Америкэм щыщ фермер, жыггъэкI Барнс Карл.

ДЗЭМ КЪУЛЫКЪУ ЩЫЗЫЩIЭХЭМ Я ФАЩЭХЭР ЯДЫНУЩ

Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау жылэм «ВоенТекстильПром»-м и къудамэ дэрбзэр IуэхущIапIэ дызэрыт илъэсым и япэ мазищым къриубыдэу къыщызэIуахыну загъэхьэзыр. Абы метр зэбгъузэнатIэ минищым щIигъу иубыдынущ икIи лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщынущ цIыхуи 150 - 200 хуэдиз.

ПСАЛЪЭМ И ЩЭХУР

Дызэгъусэу тIэкIу дызэдегупсысын ди бзэм къыхэщ псалъэм? ГъэщIэгъуэныщэщ «ШЭ» псалъэм и мыхьэнэр… Сыт къидгъэкIыр мы псалъэм, сытым хужытIэрэ «шэ»?

«ШЭ»-м и пIэм ишын, здэщытым ишын къикIыу къокIуэ.

УЗЭЛIАЛIЭР КЪОЛIЭЛIЭЖ

Налшык къалэм дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Калюжный Николай и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №7-м псэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэмакъхэр» дерсщIыб лэжьыгъэм ипкъ иткIэ еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм яIущIащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий.

УСЭКIЭ БАУЭРТ

Къэшэж Иннэ и усыгъэм цIыхупсэр къулей ещIыф – Хэку лъагъуныгъэкIэ, гукъэкIыжкIэ, гухэлъ къабзэкIэ, гуапагъэкIэ… Куэд къыпыпщэ хъунущ. ЦIыхухэм я гум псалъэ защIэкIэ нэсыфым езым игури и псэри сыту къулей! Усэм и лъагъуэкIэ цIыху гупсысэхэр егъэпIейтей Иннэ.

УНЕЙ IУЭХУЩIАПIЭХЭМ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и апхуэдэ IэнатIэхэм пэрытхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм ящыщу 174-м щIыхуэ мыинхэр къыIахыным теухуа зэгурыIуэныгъэу 214-рэ нэгъабэ иращIылIащ, сом мелуан 28,1-рэ я уасэу.

КЪАЛЭН НЭХЪЫЩХЬЭХЭР ЯУБЗЫХУ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ къызэIуахащ. ЗэIущIэм щIэсащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ - УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ УФ-м Феде­ральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я КЪЭХУТЭНЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым мазаем и 8-м щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъагъуэ XVIII зэхыхьэр. Ар, зэрыхабзэу, къызэрагъэ­пэщащ Урысей щIэныгъэм и махуэм техуэу. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке