Статьи на кабардинском языке

ШЫНЭШЫНЭ ЩЫIЭУ, УМЫШЫНЭ

Шынэшынэм (ромашкэ) теухуа щIэныгъэм япэу ущрохьэлIэ урым тхакIуэ Плиний нэхъыжьым и лэжьыгъэхэм. Езы удз гъэгъар илъэс 4000 хуэдиз хъуауэ щыIэу къалъытэ. Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ къыщагъуэтыжащ шынэшынэр сурэту зытещIыхьа хьэпшып тIорысэхэр. Критым къыщагъуэтащ а удз гъэгъам и теплъэкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ щхьэцхэлъхьэ.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭ КIУЭКIУЭ КАЗБЕК КАВКАЗ ЗАУЭМ ХЭКIУЭДА АДЫГЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪ МАХУЭМ ИРИХЬЭЛIЭУ ЦIЫХУХЭМ ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР

Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дэ ди щыгъуэ махуэщ: Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я ­фэеплъ махуэщ. 
Ди щхьэр яхудогъэщхъ гущIэгъуншэ, лъы­гъажэшхуэ зауэм зи гъащIэр къызэпиуда псоми я фэеплъым.

ЗАУЭЖЬЫМ ДЫЗЭРЫЗЭБГРИДЗАР

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джы­лахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралы­гъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ­ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ  къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами.  Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ.

НЭХЪ ШЫНАГЪУЭ ДЫДЭУ КЪЫТЩЫЩIЫФЫНУР КЪЭХЪУАЩ

Сыт Кавказ зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауэ зэрызиубгъуар? Сыт хуэдэу ди лъэпкъыр абы къызэрыхэщыр? А псом теу­хуа и гупсысэхэмкIэ къыд­дэ­гуэшащ тхыдэ щIэ­ны­гъэ­хэм­кIэ доктор, про­фес­сор, ­КъБКъУ-м этнологиемрэ ­КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ, журналистикэм­кIэ кафедрэм и унафэщI Те­кIуий Мадинэ.

ЛЪЭХЪЭНЭ ШЫНАГЪУЭМ ПХРЫКIЫФАХЭР

Сыт хуэдэ лъэпкъми иIащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкIыфам дунейм увыпIэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икIи дэтхэнэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкIи лъапIэщ ахэр. Адыгэр тенджыз ФIыцIэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ ­илъагъужыну.

И ХЪЫБАРЫР КIЫХЬЩ ИКIИ ГУУЗЩ

IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Къардэн­гъущI Зырамыку 1979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхы­лъым ущрохьэлIэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» хъыбарым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым абы лъабжьэ хуи­щIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым дыщылъыхъуащ. ДызрихьэлIам я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэтлъытащ.

ХЭКУПСЭТ ЯМЫЛЕЙУЭ ХЬЭКIУВХЭР

Кавказ зауэр I864 гъэм майм и 21-м иухауэщ куэдым зэрытщIэр. АтIэми, дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхькIэ къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуашэу зызыудыгъуа гуп щхьэхуэхэр.

ТУТЫН ЕФЭУ ЩЫЩIАДЗАР

Европэм тутын щефэрт XV лIэщIыгъуэ лъандэрэ, 1492 гъэм Колумб Христофор Америкэр къыщызэIуихам щегъэжьауэ. Куэд дэмыкIыу Кариб хытIыгухэм къыщыунэхуащ европей тутын щагъэкI губгъуэхэр. Абы щыгъуэ къалъытэрт тутыным уз куэд игъэхъужу, уеблэмэ жьэн узымкIи сэбэпу. Ауэ нэхъыбэу тутыныр хабзэ щIэхъуар хьэрычэт Iуэхурт.

ППЭГЪУНЭГЪУМ УДЕХЬЭХ

КъуэкIыпIэм щыпсэу къэралхэм я дунейм, я псэукIэм дихьэххэр, дауэ мыхъуми, и кIэм иплъащ серие 250-у зэхэт «Щхьэ псынщIэ» тырку телефильмым. Сыт хуэдизу ар кIыхьу зэпамышами, яIэщIэужагъуэу цIыхур абы емыплъауэ пхужыIэнукъым. Хэти, зэрыжытIащи, абыхэм я гъащIэр, я зэхэтыкIэр псэкIэ къещтэ, хэти фIэщIэщыгъуэщ куэду зэхэухуэна сюжетхэр, дерс къыхэхыпIэ зыхуэхъухэри щыIэщ.

ИДЖЫРЕЙ ГЕРАКЛ

Карапетян Шаварш илъэс 16 щыхъум, курыт еджапIэ щIэсхэм псы есынымкIэ я Союзпсо зэпеуэм хэтауэ щытащ. Абы ехъулIэныгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуакъым, илъэс дэкIауэщ и «вагъуэр къыщыблар» - псы есынымкIэ Армением япэ увыпIэр къыщихьащ. Иджыри зы илъэс дэкIри, СССР-м и чемпионатым дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщихьащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке