Статьи на кабардинском языке

Музейхэм я жэщ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Музейхэм я жэщыр щагъэлъапIэ, накъыгъэм и 20-м ирихьэлIэу зэхыхьэ щIэщы­гъуэхэр къызэрагъэпэщ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным хухэха «Культура.РФ.» порталымрэ зэщIыгъуу. Мы гъэм а Iуэхур тхыдэм нэхъ тегъэщIауэ щытащ. 

Ди лъэпкъ литературэхэм я хэхъуэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, тхакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэрэ («Гум и псысэхэр») КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ Мусукаевэ Сакинатрэ («Когда летаешь, нельзя бояться») я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм ятеухуа зэIущIэ. 

ПоликлиникэщIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр

Налшык щаухуэ къалэ поликлиникэ №1-м лэ­жьыгъэр зэрыщекIуэ­кIым зыщигъэгъуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек.

«ЩЭРДАНЫР» ТОКIУЭ

Дунейр къезыгъэлынур дахагъэрщ, жиIэгъат зэгуэрым урыс тхакIуэшхуэ Достоевский Фёдор. ЦIыхур зищIысыр къихутэу зи гъащIэр зыхьа гупсысакIуэ цIэрыIуэм зэрыжиIэмкIэ, теплъэкIэ узыIэпызышэм и закъуэкъым дахагъэ зыбгъэдэлъыр, атIэ зи гуращэр, зи дуней лъагъукIэр, зи гупсысэкIэр щапхъэу бгъэлъагъуэ, урипсэу, уригъуазэ хъуну щIыкIэхэми а фIыгъуэр ябгъэдэлъщ.

ГуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ я гум щызу

Ди къэралышхуэм хыхьэ сыт хуэдэ щIыпIэми хуэдэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и курыт школхэм мы махуэхэм къыщоуэ иужьрей уэзджынэр. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм ярита чэнджэщым тету, гъэ еджэгъуэр зэриухам щыхьэт техъуэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр ди республикэм щегъэкIуэкIыныр дыгъуасэ яублащ, ноби абы пащэ.

Адыгэбзэ, адыгэпсэ, адыгагъэ

Иджырей гъащIэм хуиту хэу­вэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Аращ УФ-м и Президент Путин Владимир егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм теу­хуа и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щIы­щы­жиIар: «Сабий садхэр – ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм наб­дзэгубдзап­лъэу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гупхэщ.

Кавказыр зыхуэдэр наIуэ щащI

УФ-м и Къэрал Думэм СНГ-м я IуэхухэмкIэ и комитетым и къэпщытакIуэ-чэнджэщакIуэ советым хэт ­Къаскъул Аслъэн «Урысейм и Кавказыр зэвгъэцIыху» Iуэ­хур иригъэжьащ.

Гур зыгъэхуабэ унэ цIыкIухэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм ­щагъэлъагъуэ Битокъу Владислав и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Ракурс» выставкэр. Абы хагъэхьащ зэман зэмылIэужьыгъуэхэм щыIа унэхэм я теплъэр, иджырей псэупIэхэр къы­зэщIиубыдэу. 

ЦЕРЕРЭ НЭХЪ ТРАГЪАЩIЭ

Къэрал куэдым я астрономхэр зэрегупсысымкIэ, уафэщIхэм ящыщу цIыхухэр нэхъ здэбгъэIэпхъуэ хъунур ЩIы Хъурейм къедза Мазэрщ е ди планетэм хуэдэу Дыгъэм и хъуреягъыр къэзыкIухь Марсырщ. 

КАВКАЗ

Москва сыкъэсри, сэ дыгъуакIуэм хуэдэу сыщIэтIысхьащ Арбат пэмыжыжьэу щыт хьэщIэщым и пэш къызэрыгуэкIым. Зэшыгъуэу екIуэкIырт зэманыр. Абы сыIущIа нэужь, къыкIэлъыкIуэну ди зэхуэзэм сыпэплъэу сыпсэурт, хьэпсым ибэмпIыхьым хуэдэу. А зэманым къриубыдэу щэнейрэ сыхуэзауэ аращ, ари епIэщIэкIыу къыщIыхьэрт, зы дакъикъэкIэ, жиIэурэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке