Статьи на кабардинском языке

1828 ГЪЭМ - АДЫГЭХЭР ЗЭКЪУАЧ

Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэщ пащтыхь къэралыгъуэм адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр. А Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуауэ тхыдэджхэм къалъытэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнаджир мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.

ЩIэныгъэм и лъагъуэхэш ныбжьыщIэхэр

Зи щэхухэр нэсу къэтIэщIа хъуа бзэ ду­нейм тету къыщIэкIынкъым. Ар кIа­дэм ещхьщ - къызэтепхыху, зы телъы­джэ гуэр къыдэкIыу, къызэбгъэдзэкIы­ху, зы хьэлэмэт гуэр и щIыIу къэхъуу. Бзэр ­хъугъуэфIыгъуэ псо ирокъу, и зэхэ­лъы­кIэ-гъэпсыкIэм хэлъ щхьэ­хуэныгъэм къищынэмыщIауэ, лъэп­къым и гу­рыгъу­зи, и гугъапIи, и хъуэп­са­пIи ихъу­мэу.

Япэ гъэлъэгъуэныгъэ

Тэрч щIыналъэм щыщ сурэтыщI ­Къандрокъуэ Хъусен и Iэдакъэ­щIэкI­хэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Нарткъалэ Сабий гъуаз­джэ­хэмкIэ и «Радуга» школым.

Тхыдэм дерс хахыпхъэт…

Курск деж къыщахьа текIуэныгъэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу

УХУЭНЫГЪЭМ ЙОУЖЬЭРЭКI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ иджырей мардэхэм тету дэтхэнэ зы цIыхуми медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуей хуэзэу и чэзум зэрырагъуэтыным.

Къэралым и хэгъэгу псоми йофIэкI

КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам хэтащ УФ-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы къыщызэщIакъуэжащ ведомствэм блэкIа илъэсым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр, мы гъэм зэ­фIагъэкIынухэр щаубзы­хуащ.

КАВКАЗЫБГХЭР

Кавказыбгхэр телъыджэу дахэщ, уэсыщхьэщ, уардэщ, абрагъуэщ. Абыхэм егъэлеяуэ щIыпIэшхуэ яубыду зашэщI. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказыбгхэр къэхъуащ илъэс мелуан 25-рэ хуэдиз япэкIэ.

ХЬЭУА

Дызэрыбауэ хьэуам и зэхэлъыкIэм уегупсысыну гъэщIэгъуэнщ. Ар зищIысым, щынэхъ къабзэм, щынэхъ псыIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ щIэныгъэм жиIэм деплъынщ. 
- Махуэм къриубыдэу цIыхум мин 22-рэ жьы жьэдешэ. Ар кубометр12м ноблагъэ. Хьэуауэ жьэдэтшэм и Iыхьэ плIанэм ди щхьэ куцIыр егъэнщI. 

ЕГЪЭДЖАКIУЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

ЗэрытщIэщи, УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэнэхуащ.

IЭБАГЪУЭРЭ ТIЫБГРЭ

Адыгейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ зи джабэщIыр мэзылъэрэ зи щхьэкIэр къырылъэ Iуащхьэхэу Iэбагъуэрэ ТIыбгрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке