Статьи на кабардинском языке

ЩIалэгъуалэ палатэр зэхохьэ

КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и 8-нэ зэхыхьэгъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар къызэIуихащ Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. 

Джылахъстэнейм и щапхъэхэр

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и урысейпсо махуэр, КъБР-м и щIыналъэ псоми хуэдэу, Джылахъстэнейми щагъэлъэпIащ.

Жылагъуэм и быдапIэ нэхъыщхьэ

Щэбэт блэкIам, бадзэуэ­гъуэм и 8-м, ди къэралым иджы 16-нэу щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэ­хуэ­пэжыным я махуэр. Къэралым и зы Iыхьэу, жы­ла­гъуэм и быдапIэ лъэщу щыт унагъуэращ къыще­жьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл да­хэхэу лъагъуныгъэмрэ гуа­­­пагъэмрэ, пщIэмрэ нэ­мы­сы­мрэ, гумащIагъымрэ пэ­жы­гъэмрэ, нэгъуэщIхэри.

ГъащIэр куэдкIэ къахуоупсэ

Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэм КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэщ ­Бакъейхэ Iэмырбийрэ ФатIимэрэ. Iэмырбий Воронеж къалэм 2006 ­гъэм къыщиухащ Урысей МЧС-м и мафIэс-техникэ ­училищэр, 2012 гъэм Урысей МЧС-м и академиер. Урысей МЧС-м IэнатIэ зэрыIухьэрэ ар инспек­тору, дознавателу, хъумакIуэхэм я унафэщIу лэ­жьащ.

ЗИ ПЩIЭР ЛЪАГЭ УНАГЪУЭ ЗЭРЫIЫГЪХЭР

Бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм  ди къэралым щагъэлъапIэ махуэшхуэр зыхуэмыгъэза цIыху щымыIэми ярейщ. Зи гугъу сщIыр   илъэс  15-м щIигъуауэ Урысей Федерацэм  щагъэлъапIэ    Унагъуэм,  лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я   махуэращ.   «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар  къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр.  

КЪАРУУШХУЭМ ПЭЛЪЭЩА БЗАДЖАГЪЭ

Мы гъэм илъэс 315-рэ ­ирокъу Къэнжал зауэм къэбэрдейхэм текIуэныгъэр къызэрыщахьрэ. 1708 гъэм мини 10 фIэкIа мыхъу адыгэдзэм мин 60 - 70-м хуэдиз кърымыдзэм кIэ иратауэ щытащ.

Лэжьыгъэр зэпыу хъунукъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прави­тельст­вэмрэ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я уна­фэщIхэмрэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-­Балъ­къэрым и жылагъуэ-экономикэ зыу­жьы­ныгъэмрэ илъэсым и кIэм абы и щытыкIэнумрэ.
 

Къызыхуэтыншэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль зекIуапIэхэр иджырей мардэхэм къитIасэу зэрызэрагъэпэщыж щIыкIэр къэзыпщытэ комиссэм и лэжьыгъэр мы махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI. 

Хабзэубзыху IэнатIэр илъэс 30 щрикъум

КъБР-м и УнафэщIым 2023 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №48-УГ-м ипкъ иткIэ, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ хабзэубзыху IэнатIэр илъэс 30 зэрырикъур щагъэлъэпIэну дауэдапщэхэм я КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр.  

ЗэфIэкI зиIэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэр иратащ республикэм и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху дахэхэр зылэжьхэм, зи IэщIагъэкIэ зэфIэкI къэзыгъэлъэ­гъуахэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке