|
Статьи на кабардинском языке
19 июня, 2023 - 05:10
Алыдж-урым бэнэкIэ
Тэтэрстаным и Альметевск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 24-м нэмыса щIалэхэр.
18 июня, 2023 - 09:35
ГъущI лъэхъэнэр тхыдэм жыжьэу хэкIуэтащ. Ауэ ар къагъэунэхуу, елэжьу зрагъэса нэужьщ, цIыхухэм иджырей дуней яухуэу щыщIадзар. ГъущIыр дэнэкIи щыдолъагъу, промышленностым куэду къыщосэбэп. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ Урысейм гъущI нэхъыбэ дыдэу къыщыщIахыу щытащ Екатеринбург. Абы къыщIаха гъущIщ Британие парламентым унащхьэу тралъхьар.
18 июня, 2023 - 09:25
Жьыхур ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыIэм щыхьэт тохъуэ тхыгъэ пасэрей дыдэхэм абы теухуауэ зыгуэрхэр къазэрыхэщыр, абы и сурэт зытет пасэрей скульптурэхэр. Жьыхур лIэужьыгъуитIу щыIэщ: зэкIуэцIыплъхьэж хъухэмрэ мыхъухэмрэ. Япэращ нэхъапэу къэунэхуар. Абыхэм тхьэмпэ, нып е хъурей теплъэ яIэ хабзэт.
18 июня, 2023 - 06:03
ЦIыху мелуан бжыгъэхэр дехьэх футболым. Футболым нэхъыщхьэу хэтым - топым - езым и тхыдэ иIэжщ. Ди эрэм ипэкIэ 3 лIэщIыгъуэм китайхэм топ папщIэу къагъэсэбэпу щытащ цырэ бзум и къауцрэ икударэ зэкIэрыдэжа фэ тыкъыр. Пасэрей урымхэм я топым иракIутэрт пшахъуэ, инжир жылэ, хьэуазэ. Пасэрей Мысырым и цIыхухэм фэм, пхъэм къыхэщIыкIа топым нэмыщI, папирус топхэри зэрахьэу щытащ.
17 июня, 2023 - 06:03
Мэкъуауэгъуэм и 17-р Губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ (World Day to Combat Desertification and Drought) я махуэу къыщызэдалъытащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щекIуэкIам. ГъэлъэпIэн ар щыщIадзар къыкIэлъыкIуа илъэсым къыщегъэжьауэщ.
17 июня, 2023 - 06:03
ЦIыху гъащIэр къегъэлыным, узыншагъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным махуэ къэскIэ хуэлажьэхэр зыпэрыт Iуэхум и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэм пэрыт бзылъхугъэхэм я IэщIагъэр къызэрыхахам зыщыдгъэгъуэзащ.
17 июня, 2023 - 06:03
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм дэт, опереттэмкIэ Ставрополь къэрал театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Сафонов Василий и фэеплъу зэхаша, пианист ныбжьыщIэхэм я XV дунейпсо зэхьэзэхуэр.
16 июня, 2023 - 19:06
Мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкI XXVI дунейпсо экономикэ зэхыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа лIыкIуэ гупышхуэ хэтщ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу.
16 июня, 2023 - 11:51
Псыхуабэ къалэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщытщ Iуащхьэ дахэшхуэ, МэшыкъуэкIэ зэджэр. Абы метр 993,7-рэ и лъагагъщ, къызэрахутамкIи, а щIыпIэм деж лъэхъэнэ жыжьэм къэбэкъауэ къыщикIыну къеIэурэ, Iуащхьэр къыдрихуеяуэ аращ.
16 июня, 2023 - 09:35
Къуэн Исмел и ныбжьэгъу гуэрым деж лъагъунлъагъу кIуауэ здэщыIэм, и гъусахэри езыри губгъуэ ихьахэу мэкъумэшыщIэхэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъхэрт.
ЛIитI я IэбэкIэрэ витI я екъукIэрэ хуабжьу игу ирихьащ Исмелым. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, лIиплIрэ витIрэкIэ кърихъуэжыну хуегъэув. «Ахьэ, ар си дежкIэ хъуэжыгъуафIэмэ, ауэ уэ ухелъафэмэ!» - къыпедзыжыр зейм.
Страницы
|