Статьи на кабардинском языке

МАКЪ ЕЩАНЭР ДЭНЭ ТХЬЫН?

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-кIэ хы Iуфэм щхьэщыIэтыкIар. ГузэпыщIэкIэ къыпыщIа Уэщтенэ (Оштен) бгыр метр 84-кIэ нэхъ лъахъшэщ.

КАВКАЗЫМ И КУПЩIЭХЭР КЪАЛЪЫХЪУЭУ

«Кавказ щIыналъэм и къэкIуэнур» телеграм-каналым хъыбар къызэритамкIэ, «Кавказым и купщIэхэр» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лъэщапIэм и етIуанэ зэхуэсыр Осетие Ищхъэрэ - Аланием иджыблагъэ щекIуэкIащ.

АМКIЫЩ

АмкIыщыр (синица) зыщыпсэу щIыпIэр зымыхъуэж бзухэм ящыщщ. ЩIымахуэм я нэхъ щIыIэм абыхэм цIыхухэм я псэупIэхэм гъунэгъу нэхъ зыхуащI, апхуэдэу яшхын нэхъ ягъуэтри. Зы махуэм къриубыдэу амкIыщым ешхыф къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщ цIыкIу куэд - езы бзум и хьэлъагъам и нехьэкъехуэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, зы амкIыщ унагъуэм жыг 40 хуэдиз хьэпщхупщ зэранхэм щахъумэу.

МАЗЭ ХУЭДИЗ ИIЭЖУ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ къуажэхэм пхыкI автомобиль зекIуапIэр, псори зэхэту километр I2 зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.  

ДИ ЗЭМАНЫМ И ЛIЫХЪУЖЬ

 А цIэр хуэфащэ дыдэщ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ.
 Лъэпкъ литературэм и гуащIэшхуэ хэзылъхьа тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм цIыху зэхущытыкIэр, лъэпкъ гуауэр, тхыдэр екIуу щызэхэухуэнащ. Аращ ахэр щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зыщIри.

КЪАГУПСЫСАМИ, ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ

Илъэс 54-рэ ипэкIэ кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, I969 гъэм бадзэуэгъуэм и I9-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршырызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. «Нэху» къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ цIыхуищым я шуупэ гъуазэ (капитан) Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы «кIэлъыпхъэращ» кхъуафэр зезыгъакIуэ (пилот) Олдрин Эдвин.

МИКЛУХО-МАКЛАЙ И ЦIЭМ ИРАПХАЩ

 А щIэныгъэр япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьауэ къалъытэр Пасэрей Алыджым щыпсэуа тхыдэтх цIэрыIуэ Геродотщ, Тавридэмрэ (иджырей Кърымым) Фригиемрэ иса лъэпкъхэм, абыхэм я гъунэгъуу щыса скифхэм я гъащIэмрэ хабзэу зэрахьамрэ ятетхыхьауэ щытарщ.

ЕРЫЩУ ЗИ ХЪУЭПСАПIЭР ЗЭЗЫГЪЭХЪУЛIЭ

Налшык щыщ, илъэситху хъуауэ Санкт-Петербург щыпсэу икIи щеджэ уэрэджыIакIуэ Болэ Астемыр куэд щIауэ и хъуэпсапIэт Япэ къэрал телеканалым и «Голос» проектым и зэфIэкI щеплъыжыну. ЩIалэм мы гъэ гъатхэм ар зригъэхъулIащ.

ЩIЫМАХУЭ НЭХУЛЪЭМ

«ЩIымахуэрэ дзэрэ!» - щыжаIа зэмант. Мазэхъуанэм и гуащIэгъуэу уает. Нэхъ гъунэгъуIуэу щыIа мэкъухэр духауэ, иджы мэкъушэ жыжьэ дыкIуэн хуей хъурт.

ЩIАЛЭГЪУАЛЭР - КЪЭРАЛ КЪУЛЫКЪУМ

«ГосСтарт» федеральнэ программэр Урысейм и Президентым и унафэкIэ ягъэхьэзыращ. Ар къыщыхалъхьауэ щытащ 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м УФ-м и Къэрал Советым и зэIущIэм. ПрограммэмкIэ я мурадыр щIалэгъуалэр къэрал, муниципальнэ къулыкъум дегъэхьэхынырщ. Программэм хэтыну хуитщ илъэс 18 - 35 зи ныбжьхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке